Налшыкыпсым и Iуфэр мыгувэу къыпхуэцIыхужынукъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зыщигъэгъуэзащ Нал- шык къалэ 2-нэ Тамань дивизэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым къыщызэрагъэпэщ спорт-нэгузыужь IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIым.

НэхъапэкIэ мыбы къыщызэIуахащ Мылылъэ уардэунэр, спорт утыку зэмылIэужьыгъуэхэр, апхуэдэуи творчествэмкIэ сабий академиерэ спорткомплексрэ.
Нэгъабэ ТекIуэныгъэм и паркым и япэ Iыхьэр и кIэм нагъэсащ, гъатхэпэхэм деж къыкIэлъыкIуэ лэжьыгъэхэр яублэ­жынущ. Апхуэдэу я мурадщ Налшык псым и Iуфэр, Идарым и цIэр зезыхьэ, Осетин уэрамхэм я зэхуакум хуэзэр, сыт и лъэны­къуэкIи зэIузэпэщ ящIыну.
КъищынэмыщIауэ, зэман гъунэгъум къриубыдэу а щIыпIэм деж щаухуэнущ экстрим-парк, зыхуэныкъуэ спорт Iэмэп­сы­мэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ, йогупсыс фиджитал-центр къы­зэIухынми.
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм, зытепсэлъыхьа Iуэхухэм къадэкIуэу, пщэрылъ ящищIащ Налшык псым и Iуфэр ягъэкъэбзэну. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг