Нэхъыбэж къызэщIаубыдэ

«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Дадэ МуIэед КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуиIуэтащ блэ­кIа илъэсым ирагъэкIуэкIа лэ­жьы­­гъэхэмрэ абыхэм къапэкIуа­хэмрэ.

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и Унафэм ипкъ иткIэ, Фондым лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI СВО-м щыIэхэм, я унагъуэхэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуным теухуа­уэ. Иджыпсту республикэ къудамэм цIыху 42-рэ щолажьэ, абыхэм ящыщу 35-р районхэм чэнджэщэгъуу щыIэщ. IэщIагъэлIхэр УФ-м и Президентым деж ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал ­къулыкъущIапIэхэмкIэ щыIэ урысей академием щеджащ. 
Фондым къекIуалIэхэр нэхъыбэу зыхуэ­ныкъуэр юристым и чэнджэщ­хэрщ, социальнэ, медицинэ, психологие дэIэпыкъуныгъэщ, апхуэдэуи я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыным, я щIэныгъэр щыхагъэхъуэным, лэ­жьы­гъэ IэнатIэ ящIыным теухуауэ дэIэпыкъуэгъу мэлъыхъуэ. 
СВО-м и ветеранхэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным, фондым иригъэкIуэкI спорт, щэнхабзэ, жылагъуэ Iуэхухэм жы­джэру хэтщ. Нэгъабэ ди республикэм щекIуэкIащ Хэкум и хъумакIуэхэм я кубок» щIыналъэпсо зэхьэзэхуэр. Абы япэ увыпIэр къыщызыхьар «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу КъБР-м щыIэращ. 
Республикэ къудамэм и лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэрекIуэкIыр къыщыхагъэщащ иджыблагъэ Уфа щекIуэкIа семинар-совещанэм. Абы къыщымы­нэу, IуэхущIапIэм и къалэнхэм нэхъри зрегъэубгъу, ди щIалэхэм нэхъыбэкIэ сэбэп яхуэхъуфын папщIэ. 
IуэхущIапIэм дяпэкIэ Iуэхугъуэ нэхъыбэ къызэщIиубыдэу лэжьэфын пап­щIэ зыхуей псомкIи къызэдгъэ­пэщынущ.

ЩIыуэпсыр хъумэнымрэ шынагъуэншагъэмрэ

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ ­КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэ­хэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс. КъулыкъущIэхэр тепсэ­лъы­хьащ илъэс блэкIам кърикIуахэм, апхуэдэуи дызэрыхьа 2026 гъэм хуаIэ къалэнхэр яубзыхуащ. 

ЗэIущIэм гулъытэ хэха щигъуэтащ  уэс ткIужымрэ псы къиухэмрэ  къашэнкIэ хъуну шынагъуэм, псы Iуфэхэр гъэбыдэн зэрыхуейм, нэгъуэщI Iуэху­гъуэхэми. А унэтIыныгъэм ехьэлIауэ министрым жиIащ Тырныауз щIыпIэм щежэх  Герхожан-Су псым и Iуфэхэр гъэкъэбзэжыным и етIуанэ Iыхьэр зэ­ры­зэфIэкIар. Дыкъэзыухъуреихь щIыуэ­псым щыщу къэралым ихъумэхэр къызэрагъэсэбэпымрэ абыхэм я ухуэныгъэмкIэ IэнатIэм зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ ятIэгъуэпсыр зыгъэкъабзэ ухуэныгъэм щIагъэува блынхэр нэхъри гъэбыдэным ехьэлIа проектым елэ­жьынымкIэ, псыIущIэм къыщыщIэдзауэ  Бахъсэныпсым нэсу.   Мы зэманым ар ягъэкъабзэ.  
 КъищынэмыщIауэ, Шэрэджыпсым и Iуфэхэми  Аушыджэр къыщыщIэдзауэ Псынабэ нэс, Къулъкъужыныпсми Къулъ­къужын Ипщэм къыщыщIэдзауэ Ищхъэрэм нэс къиубыду ягъэкъэбзащ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр  щекIуэкIащ ди республикэм и къалащхьэм щежэх  Налшыкыпсми.  
Бахъсэныпсым и Iуфэхэр гъэбыдэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр яублакIэщ. А лэ­жьыгъэхэм хуэдэ Налшыкыпсым и Iуфэ­хэми щрагъэкIуэкIынущи, абы и проектыр ягъэхьэзыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг