Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым щIышылэм и 12-м концерт щекIуэкIащ, Балъкъэрыр урысей къэралыгъуэм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ зэрырикъум теухуауэ.
Мы тхыдэ Iуэхугъуэр 1827 гъэм щIышылэм и 11-м къэхъуащ, уэркъ унэцIэ зезыхьэ балъкъэр лIыкIуэхэр Урысейм гухьэну лъаIуэу Ставрополь щыкIуам. Пащтыхьыдзэм и унафэщIу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ генерал Эммануэль балъкъэр таубийхэм къабгъэдэкI тхьэрыIуэр къищтащ икIи ар пащтыхь Николай II и деж нигъэсащ. Абдеж къыщежьащ балъкъэрхэмрэ урысхэмрэ я зэкъуэтыныгъэр.
Зэхыхьэм зэхуишэсат Къэбэрдей-Балъкъэрым и министерствэхэм, IуэхущIапIэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр, щэнхабзэм и цIыхухэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.
Театр щIыхьэпIэм щагъэуват балъкъэрхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр щагъэлъагъуэ дапхъэхэр. Абы хагъэхьащ балъкъэр лъэпкъым сурэтыщI гъуазджэмкIэ иIэ зэфIэкIыр къыщыгъэлъэгъуа «Моя Балкария» выставкэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр.
Балъкъэр лъэпкъым и тхыдэм траухуа концертыр ягъэдэхащ Газаев Алим, Текуев Амур, Габуевэ Зухра, Жубоев Жамболэт, Хъыжьрокъуэ СулътIан, Жаникаев Эльдар, Атмурзаевэ Танзиля, Абэнокъуэ Альмирэ, Габаев Тенджыз, «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие къэфакIуэ ансамблым, «Гордость Кавказа», «Арабеск», «Кабардинка», «Терские казаки» ансамблхэм, КъБР-м и Музыкэ театрым и хорым, нэгъуэщIхэми.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.