ЩIыуэпсым гулъытэ хурагъэщI

Налшык дэт Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчест­вэмкIэ я унэм щекIуэкIащ «Урыс географие зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм илъэсым къриубыдэу щалэжьахэр къыщапщытэжа, мурадыщIэхэри щагъэбелджыла зэIущIэ. Iуэхур ирырагъэхьэлIащ Урыс географие зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 180-рэ зэрыри­къумрэ ди республикэм абы и къудамэ къызэрыщызэIуахрэ илъэс 45-рэ зэрыхъумрэ.
ЗэIущIэм хэтащ къу­лы­къущIэхэр, жылагъуэ лэ­жьакIуэхэр, щIалэгъуалэ пэрытхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ ягъэзэщIахэм, щIэныгъэ лэжьыгъэхэм, щIалэгъуалэм папщIэ къызэрагъэпэща Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми. Лъахэр къэхутэныр, щIыуэпсыр хъумэныр, дунейм и щэхухэр къэтIэщIыныр, ­джыныр - куэд къызэщIиубыдащ зэгухьэныгъэм хэтхэм я IуэхущIафэм. 
«Урыс географие зэгухьэныгъэм» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм щIыналъэм Iуэху куэд зэрыщилэжьыр зэIущIэм къыщыха­гъэщащ. Псом хуэмыдэу щхьэпэщ, курыт еджапIэм щIэсхэмрэ студентхэмрэ ди щIыуэпсыр хъумэным зэрыдрагъэхьэхыр, абы и тхыдэм теухуауэ щIэщыгъуэ куэд зэрырагъащIэр, щIыпIэ дахэхэм щIалэгъуалэм зэры­зыщра­гъэплъыхьыр. 
ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.