Тэрч районым и спортсмен цIэрыIуэхэр, спортым япэ лъэбакъуэхэр зычауэ 2025 гъэм дунейпсо, урысейпсо утыкушхуэхэм зэфIэкIыфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ.
Ахъшэ саугъэтхэр хуагъэфэщэу я цIэ къраIуащ УФ-м бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион мы гъэм хъуа, килограмми 130-рэ зи хьэлъагъхэм яхэт КIэмпIарэ Марат, УФ-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионатым и дыжьын медалыр къэзыхьа КIыщ Аслъэнбэч (кг 72-рэ), УФ-м бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионатым ещанэ увыпIэр щызыубыда Шэрий Иналбэч (кг 74-рэ) сымэ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ спортсменхэм я ехъулIэныгъэхэм абыхэм я тренерхэм я гуащIэ куэд зэрыхьэлъыр икIи, бэнакIуэхэр егъэджэныгъэ-зыгъэсэныгъэ зэхуэсхэм зэрыщыIэм къыхэкIыу, Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Хъущт Аслъэнбий гъэсакIуэхэр и деж щригъэблэгъащ, ахъшэ сертификатхэр абыхэми яритащ.
«Дэ дыхущIэкъу зэпытщ ди щIыналъэм и спортсменхэр текIуэныгъэхэм тедгъэгушхуэным, зэрытхузэфIэкIкIэ дазэрыдэIэпыкъуным, сыту жыпIэмэ, ди щIэблэм ахэр я щапхъэщ», - жиIащ Хъущтым.
КЪУЭЖЕЙ Алим.