Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и жэрдэмкIэ, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэу. Зэхьэзэхуэр гупитIу гуэшауэ щытащ илъэси 3 - 8, илъэси 9 - 14 хъухэр хэту.

 «Zа наших героев» фIэщыгъэр зиIэ зэпеуэм щагъэлъэгъуащ лэжьыгъэ 50, абы и ныкъуэр илъэсыщIэм хуэгъэпсат. СурэтыщI ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм иплъагъуэрт дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэр, дзэ техникэхэр. 
Жюрим псори зэпилъытри, нэхъыфIхэр къыхихащ. 
Япэ гупым IэдакъэщIэкI нэхъыфIу къыщалъытащ илъэсибл хъухэу Куэт Элинэрэ (СИЗО -1) (ИК-3) Шал Амелиерэ, илъэсий зи ныбжь Къармокъуэ Бэлэ (МСЧ-7) сымэ ягъэхьэзырахэр.
 ЕтIуанэ гупым текIуэныгъэр щыхуагъэфэщащ илъэс 13 зи ныбжь Ульбашев Марат (КП-5), илъэсибгъу хъу Гутаев Хьэсэн (ИК-3), илъэс 14 зи ныбжь пщащэ Быгуэ Амалие (СИЗО-1) сымэ. 
ТекIуахэм саугъэтхэр яIэщIилъхьащ Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Демидов Александр. Къэрал кIуэцI къулыкъум и полковникым ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ я жыджэрагъым папщIэ икIи къыхигъэщащ я IэдакъэщIэкIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу дзэ Iуэху хэхам хэту Хэкур зыхъумэхэм зэрыхуашэнур.  

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.01.2026 - 11:08

Абдежым къыщежьащ

Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым щIышылэм и 12-м концерт щекIуэкIащ, Балъкъэрыр урысей къэралыгъуэм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ зэрырикъум теухуауэ. 

14.01.2026 - 11:07

ЩIыуэпсым гулъытэ хурагъэщI

Налшык дэт Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчест­вэмкIэ я унэм щекIуэкIащ «Урыс географие зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм илъэсым къриубыдэу щалэжьахэр къыщапщытэжа, мурадыщIэхэри щагъэ

14.01.2026 - 11:06

Зы мурадым, зы пщэрылъым зэпещIэ

Къафэ екIу, уэрэд гуа­кIуэ, Iэгуауэ, цIыху нэ­фIэгуфIэхэр.

13.01.2026 - 09:43

Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лъэс лъагъуэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ республикэм 2025 гъэм щрагъэкIуэкIащ.

13.01.2026 - 09:42

Тэрчым и спортсменхэр

Тэрч районым и спортсмен цIэрыIуэхэр, спортым япэ лъэбакъуэхэр зычауэ 2025 гъэм дунейпсо, урысейпсо утыкушхуэхэм зэфIэкIыфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ.