Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ![]() «Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ. Ди республикэм и командэм щыщу зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Ало Уэсмэн (кг 38-рэ), Кхъуэныхь Дамирлан (кг 50), Чыл Альберт (кг 73-рэ), Бэгъуэт Алан (кг 34-рэ), Чыл Ирнат (34-рэ), Семэн Тимур (кг 120-рэ), Бэгъуэт Марат (кг 90), Хъубий Амир (кг 55-рэ) сымэ. Зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуахэщ Алъхъэс Залым (66-рэ), КIыщ Ибрэхьим (кг 73-рэ), БищIо Артур (кг 38-рэ) сымэ. Джэрыджэ Щамил (кг 38-рэ), Къардэн Мухьэмэд (кг 120-рэ), Къардэн Рэмэзан (кг 55-рэ), ГъущIо Амир (кг 60) сымэ ещанэ увыпIэхэр щаубыдащ. Гупхэм я зэпеуэм КъБР-м и командэр япэ щыхъуащ икIи «Кавказым и Кубокыр» къихьащ. Фыщыдгъэгъуэзэнщи, зендокай каратер Японием къыщежьа каратем и лIэужьыгъуэхэм хохьэ, зэзауэ Iэмалхэри къыщагъэсэбэп. Ди къэралым къызэрыкIуэрэ зэман куэд дэмыкIами, УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 50-м щIигъум абы зыщыхуагъасэ нобэ. Иджырей зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщахэм мурад яIэщ зендокай каратемкIэ зэпеуэхэр илъэс къэс ди республикэм щрагъэкIуэкIыну. КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||







