Спортым щыхъыбархэр

КиокушинымкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» киокушинымкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ Псыхуабэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Краснодар, Ставрополь крайхэм, Ростов, Астрахань областхэм, КъБР-м, Шэшэным, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ингушым я спортсмену 500-м щIигъу.

Ди республикэм и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм цIыхуипщI щыIащ икIи зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Биткаш Ашшуррэ Урысбий Елдаррэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Биткаш Саргон, Таттаевэ Iэминэ, Григорьев Булат сымэ. Чеккев Умар, Мусэхэ Имранрэ Ислъамрэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.

Мамбэт Михаил ягу къагъэкIыжу

Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Шэджэм къалэм и спорт комплексым. Ар и фэеплъу щытащ Шэджэм район администрацэм и Iэтащхьэу щыта Мамбэт Михаил. Зэхьэзэхуэм щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я бэнакIуэу 150-м щIигъу, 2014-2015, 2016-2017 гъэхэм къалъхуахэу.

Я хьэлъагърэ ныбжьрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Елчэпар Елдар (кг 24-рэ), Семэн Умар (кг 27-рэ), Козырев Эмирхъан (кг 30), Джэдмышх Аслъэн (кг 33-рэ), Припитнев Илья (кг 36-рэ), Махуэ Муслъим (кг 40), Мэшыкъуэ Айдар (кг 27-рэ), Козырев Алихъан (кг 32-рэ), Варий Алан (кг 36-рэ), КъуийцIыкIу Къантемыр (кг 41-рэ), ДыщэкI Ратмир (кг 45-рэ), Кучмезов Исмэхьил (кг 55-рэ), Хъанджэз Марат (кг 65-рэ) сымэ.

 

НАУРЫЗ Мысост.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.01.2026 - 11:08

Абдежым къыщежьащ

Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым щIышылэм и 12-м концерт щекIуэкIащ, Балъкъэрыр урысей къэралыгъуэм зэрыгухьэрэ илъэси 199-рэ зэрырикъум теухуауэ. 

14.01.2026 - 11:07

ЩIыуэпсым гулъытэ хурагъэщI

Налшык дэт Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я творчест­вэмкIэ я унэм щекIуэкIащ «Урыс географие зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм илъэсым къриубыдэу щалэжьахэр къыщапщытэжа, мурадыщIэхэри щагъэ

14.01.2026 - 11:06

Зы мурадым, зы пщэрылъым зэпещIэ

Къафэ екIу, уэрэд гуа­кIуэ, Iэгуауэ, цIыху нэ­фIэгуфIэхэр.

13.01.2026 - 09:43

Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лъэс лъагъуэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ республикэм 2025 гъэм щрагъэкIуэкIащ.

13.01.2026 - 09:42

Тэрчым и спортсменхэр

Тэрч районым и спортсмен цIэрыIуэхэр, спортым япэ лъэбакъуэхэр зычауэ 2025 гъэм дунейпсо, урысейпсо утыкушхуэхэм зэфIэкIыфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ.