Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ![]() Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым. «ТАСС Кавказ» фIэщыгъэр зиIэ а IэнатIэм гулъытэ нэхъыбэу зыхуищIыр КИФЩI-м щыпсэухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къэхъукъащIэхэращ. Ди гъащIэм увыпIэшхуэ щызыубыд, жылагъуэм гупсысэр щызыунэтI, Iуэхугъуэ хэхахэр зэрыпхагъэкI Iэмэпсымэ лъэщхэм халъытэ а IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэлэмэт щрагъэкIуэкIащ, ди республикэм и еджагъэшхуэхэр хэту. «Нартхэр. Адыгэ эпос» томиплIу зэхэт тхылъ гъуэзэджэр къызэрыдэкIам щIэныгъэ дунейм, лъэпкъ щэнхабзэм, жылагъуэм щиIэ мыхьэнэ иныр къалъытэри, «ТАСС Кавказ»-м ирагъэблэгъащ а проектыр гъэзэщIэныр зи зэфIэкI къихьа щIэныгъэлI гупым ящыщу ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и пашэ, зи гугъу тщIы лъэпкъ проектым и унафэщI икIи и къызэгъэпэщакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Дзэмыхь Къасболэт, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Гъут Iэдэм, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Быхъурэ Мухьэмэд сымэ. «Антологический ствол адыгского фольклора» тхылъ гупым епха программэм ипкъ иткIэ къыдэкIа «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъышхуэм ихуащ адыгэм игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ. Дзэмыхь Къасболэт зэрыжиIамкIэ, тхылъхэм ахэр къыщыхьащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи, ди лъэпкъ IуэрыIуатэр, щэнхабзэр зыфIэхьэлэмэт нэгъуэщI лъэпкъхэми абыхэм щыгъуазэ зыхуащIыфын хуэдэу. КъинэмыщIауэ, къыдэкIыгъуэм ихуа тхыгъэ къэс кIэщIэтщ ар къызыIуэтэжам, зытхам, щатха щIыпIэмрэ зэманымрэ ятеухуа хъыбархэр. Лъэпкъым и дуней еплъыкIэм и лъабжьэр къызыхэщ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ я деж къыщежьащ жьэрыIуатэбзэм и зыужьыныгъэри. «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъыр къыдэгъэкIыным хуэщIа лэжьыгъэхэм, ар дунейм къытехьэным зи гуащIэрэ щIэныгъэ куэдрэ езыхьэлIа лъэпкъ еджагъэшхуэ Гъут Iэдэм, «ТАСС-Кавказ»-м и утыкушхуэм щытепсэлъыхьащ тхылъым и Iыхьэхэмрэ абы ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм зэфIаха лэжьыгъэхэмрэ зэрызэхэт щIыкIэм. Абы зэрыжиIамкIэ, щIэныгъэлI гупым япэщIыкIэ зэхуахьэсыжащ нарт хъыбаррэ пшыналъэу дунейм къытехьауэ, щаIуэтауэ, щыжаIауэ щыIэхэр. КъыкIэлъыкIуэу, абыхэм хэплъэжащ, яджащ, япкърылъ купщIэр, гупсысэр, акъылыр сэтей къызэращIыным хущIэкъуу. Абы иужькIэ елIэлIащ а псори лъэпкъым и цIыхухэм я деж нэхьэсыным. Нэрылъагъу зэрыхъуамкIи, а Iуэхугъуэхэр щIэныгъэлIхэм къызыхуэтыншэу къайхъулIащ. Абыхэм я псалъэм пищэу къэпсэлъа Быхъурэ Мухьэмэд и гугъу ищIащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъым ихуа лъэпкъ псысэхэм я мыхьэнэмрэ абыхэм япкърылъ гупсысэмрэ, тхыдэ-лIыхъужь эпосым адыгэ бзылъхугъэ къызэрымыкIуэхэм я образхэм щаубыд увыпIэм. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мыхьэнэшхуэ яIащ 1951, 1974 гъэхэм къыдэкIауэ щыта «Нартхэр» тхылъхэм. Абыхэм яхэтт «Совет къэралым ис лъэпкъхэм я эпосыр» къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэу СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием Дунейпсо литературэмкIэ и институтым и жэрдэмкIэ дунейм къытехьахэри. Абы щыгъуэм япэу къэралым къыщыдагъэкIахэм яхэхуауэ щытащ «Нарт эпосыр», адыгэбзэкIи урысыбзэкIи тхауэ. Дауи, фIыщIэ ин яхуэфащащ а псори зэзыгъэуIужу, хъыбар къэс елэжьыжу къыдэкIыгъуэ къызэрымыкIуэр зыгъэхьэзыра щIэныгъэлIхэу Дзэмыхь Къасболэт, Гъут Iэдэм, Быхъурэ Мухьэмэд, Нало Заур, ЦIыпIынэ Аслъэн, Табыщ Мурат, Хьэгъэжей Лянэ сымэ, тхылъым и рецензентхэу БакIуу Хъанджэрийрэ БищIо Борисрэ. Апхуэдэщ ар къыдэкIыгъуэм хуэзыгъэхьэзыра Гъут Лянэ, тхылъхэр зи сурэтхэмкIэ ягъэщIэрэщIа Бырсыр Абдулыхь, Къармокъуэ Аслъэн, Натхъо Зэчий, ПэтIуащIэ Феликс сымэ, нэгъуэщIхэми. РАН-м и КъБЩIЦ-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэти къыдэкIыгъуэ къызэрымыкIуэм елэжьа щIэныгъэлI гупми фIыщIэ ин хуащIащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъыр дунейм къытехьэнымкIэ мылъку къезыта ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, абы и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен. ИпэжыпIэкIэ, «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъыр игъащIэкIи мыкIуэдыжыну адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI художественнэ лъапIэныгъэщ, дунейпсо щэнхабзэм увыпIэ щхьэхуэ щызыубыд хъугъуэфIыгъуэщ. Пасэрей алыдж усакIуэ-узэщIакIуэ цIэрыIуэ Гомер и «Илиада»-мрэ, «Одиссея»-мрэ, ижь зэманым псэуа индие узэщIакIуэ Вьясэ и «Махабхаратэ»-м еджагъэшхуэхэм ящыщ куэдым хуагъадэ, лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ «Нартхэр» лIыхъужь эпосыр адыгэхэр дызэрыгушхуэ, дызэрыин щIэин лъапIэщ. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||







