Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм дэт къэрал филармонием щэкIуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Шэрджэс Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэ иныр. Ар илъэсищым зэ зэфIагъэкI Iуэхущ. ЗэIущIэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэкIэ къыддэгуэшащ «Черкес хэку» газетыр.
Лъэпкъ зэхуэсым хэтащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и УнафэщIым и къуэдзэ Астэжь Франческэ, КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлI Къуршэ Фаинэ, хэгъэгум хыхьэ адыгэ къуажэхэм щылажьэ, Хасэм и къудамэхэм я лIыкIуэхэр. Зэхуэсым и пщIэр яIэтащ нэхъыжь Iумахуэхэу, адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ къеблэгъа нэхъыжьыфIхэу Дыгъужь Барисбий, КIэм Мурадин, Уэхъутэ Алий сымэ, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ Люсанэ. Мыпхуэдэ лъэпкъ зэхыхьэхэр зэрекIуэкI хабзэм тету, Урысейм, КъШР-м, ДАХ-м я гимнхэр къеуа нэужь, зэIущIэр ирагъэжьащ Iуэху гуапэкIэ. А махуэм утыкум щагъэлъэпIащ лъэпкъ Iуэхум хэлIыфIыхьхэр, лъэпкъыбзэр, хабзэхэр хъумэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр. Абыхэм ящыщу я цIэр къиIуапхъэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ ЩIыхь тхылъымрэ зыхуагъэфэща, адыгэ лъэпкъым и спортсмен, бэнакIуэ цIэрыIуэ ПIапIшу Хьэлий.
Хьэлий и узыншагъэр мыщIагъуэу зэIущIэм къызэремыкIуэлIэфам къыхэкIыу, КъШР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий ЩIыхь медалыр иритыжащ ягъэлъапIэм и щхьэгъусэ, лъэпкъ Iуэхум, Хасэм и лэжьыгъэм илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ гуащIафIэу хэт ПIапIшу Лидэ. КъищынэмыщIауэ, утыкум щагъэлъэпIащ щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, лъэпкъ IуэхумкIэ, журналистикэмкIэ, спортымрэ альпинизмымкIэ, нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIи адыгэм и пщIэр зыIэтахэр. АдэкIэ, ДАХ-м гъэ къэс иригъэкIуэкI адыгэ Iуэрытхыр «5»-кIэ зытхахэми мы махуэм IэщIалъхьэжащ абы и сертификатыр.
Лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэр илъэсищым къриубыдэу зытелэжьа Iуэхухэм тепсэлъыхьащ абы и тхьэмадэ, КъШР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, ДАХ-м и вице-президент Аслъэн Алий.
- Илъэс пщIы бжыгъэ мэхъури, Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр жыджэру хуеунэтI лъэпкъым бгъэдэлъ щIэин лъапIэхэр хъумэным, абыхэм къахэгъэхъуэным, хабзэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм мамыру дэгъуэгурыкIуэным. Адыгэ Хасэм Iуэхуу илэжьым зырызыххэу утепсэлъыхьыфынукъым, абы зэман куэд текIуэдэнущи. Ауэ лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэхэм я гугъу щIыпхъэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, илъэсыр зэредгъажьэ Iуэхугъуэр - ди лъэпкъым и цIыхушхуэ Къалмыкъ Юрэ теухуа фэеплъ дауэдапщэхэр. Къэрал къулыкъущIэ щэджащэм и щIыхькIэ, икIи и фэеплъу щIэныгъэ зэхыхьэхэр сыт щыгъуи зэхыдошэ, уеблэмэ хамэ къэралхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри хэту идогъэкIуэкI. Абы къыкIэлъокIуэ Лъэпкъыбзэм и махуэр. Нобэ хэти фощIэ хэгъэгум ит адыгэ къуажэ зыбжанэм этно-классхэр зэрыщылажьэр. Ахэр нэхъыбэ щIыным, тхылъкIэ, зыхуэныкъуэ лъэпкъ хьэпшыпхэмкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ щхьэпэ дохъу. Адыгэ ныпым и махуэр икъукIэ Iэтауэ, адыгэ щIалэгъуалэм утыкур ягъэбжьыфIэу гъэ къэс фестивалхэр идогъэкIуэкI, лъэпкъым и Щыгъуэ-щIэж махуэм къэрал и къулыкъущIэхэр, жылагъуэр зэхэту Iуэхур идогъэкIуэкI, Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм гулъытэ хэха яхудощI хамэ щIыналъэхэм къикIыжу адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм. ТхузэфIэкI къэдмыгъанэу дыхолIыфIыхь «Иппосферэ» шы гъэлъэгъуапIэм ди республикэм щыщ лIыкIуэхэм адыгэшыр утыку къыщрашэным. Адыгэшым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ Урысейм щыщаIэт фестивалым дыхэтыныр ди пщэрылъ пажэу къыдолъытэ, - къыхигъэщащ Аслъэн Алий къыщыпсалъэм.
- Пэжщ, Адыгэ Хасэм и мылъкукIэ зи гугъу сщIа Iуэху псори пхуэгъэкIуэтэнукъым, - пищащ и псалъэм Алий, - абыхэм куэд токIуадэри. Си гуапэщ адыгэм къытхэкIа цIыху щыпкъэхэр, ди ныбжьэгъуфIхэр, лъэпкъ Iуэхум хуэжумартхэр мылъкукIэ къызэрыддэIэпыкъур, ди лэжьыгъэр къызэрыддагъэпсынщIэр къыхэзгъэщыну. Адыгэм жеIэ: ЗэдеIэр лъэщщ, зыр адрейм дэIэпыкъумэ, сыт хуэдэ Iуэху гугъури пхуэгъэкIуэтэнущ.
Лъэпкъ Iуэхум хуэгъэзауэ щIэгъэкъуэн дыхуэныкъуэу дызыбгъэдыхьэ дэтхэнэри, къулыкъущIэхэм я деж щегъэжьауэ цIыху къызэрыгуэкIхэм я деж щиухыжу, къыткъуоувэ. Ар дэркIэ уасэншэщ. ФIыщIэ ин яхузощI абыхэм. Псоми длэжьыр, ди гур, ди псэр зыхэтлъхьэр, дызыгъэпIейтейр лъэпкъым ифI къызыхэкIынращи, Тхьэм нэхъыбэжми дыхущIигъэхьэ, - дыщIигъуащ Хасэм и тхьэмадэм.
КъинэмыщIауэ, Аслъэн Алий и къэпсэлъэныгъэм гулъытэ щхьэхуэ щыхуищIащ хэгъэгум къыщызэрагъэпэщ къэрал, урысейпсо проектхэм Хасэр гуащIафIэу зэрыхэлэжьыхьым, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, мамырыгъэ дэлъыным зэрыхэлIыфIыхьым, хэгъэгум и ЛIыщхьэр, ди къэралышхуэм и Президентыр зытет политикэ гъуэгуанэм жылагъуэ зэгухьэныгъэри зэрырикIуэм.
ДяпэкIэ зэлэжьын хуей къалэнхэм я гугъу щищIым, жиIащ: «Лэжьыгъэр куэдщ, псом хуэмыдэу адэжь хэкум къэзыгъэзэжахэм яхуэгъэзауэ. КъищынэмыщIауэ, анэдэлъхубзэр, тхыдэр джыныр, ахэр ди щIэблэм яIэщIэдмыгъэхуныр ди къалэнщ, Iэпэдэгъэлэл тщIынкIэ Iэмал имыIэу».
Зэхуэсым хэтахэр тхьэмадэм едэIуа нэужь, зэрахабзэу, я чэнджэщ, Iуэху еплъыкIэ жаIащ.
- Хабзэрэ цIыхугъэрэ хэлъщ, игуэщI лэжьыгъэр нэрылъагъущ, лъэпкъым и пщIэр, и щIыхьыр иIэтыным гуащIэшхуэ хелъхьэ, жыджэру къызэригъэпэщ Iуэхухэр мыхьэнэшхуэ зиIэ защIэщ. Солъытэ, нобэ Аслъэн Алий и лэжьыгъэм арэзы дытехъуэу, дыкъуэувэу, адэкIи ди лъэпкъым и Iуэхур дэдгъэкIуэтэну, - жиIащ Хьэбэз къуажэм къикIа нэхъыжьыфI Хьэкъун Назир.
- Зэчий зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр къыдобэкI, абыхэм щIэныгъэм, гъуазджэм, спортым я лъэныкъуэкIэ яIэ зэфIэкIхэм уатхьэкъу, пэжыр жысIэнщи. Хасэр нэхъыбэу телэжьапхъэщ щIалэгъуалэм и зыужьыныгъэм. ЩIэблэм улъэщIэмыхьэу заужь, сытри къапхъуатэ, жэрдэму къабгъэдэкIым гъунэ иIэкъым. Мыбдеж нэхъыщхьэр ахэр гъуэгу захуэм темыгъэкIынращ. Дэ сыт щыгъуи дыфкъуэтщ, чэнджэщэгъу дыфхуэхъуфынущ, сэбэп дызэрыхъуным дыхущIэкъунущ, - къыхигъэщащ Хъумэрэ щыщ нэхъыжыфI Дыгъужь Барисбий.
Лъэпкъыр зэхуэсауэ, зыгъэпIейтей Iуэхухэм темыпсэлъыхьу хъунт?! Апхуэдэу, тегъэчыныхьауэ и гугъу ящIащ лъэпкъым и махуэщI зэхыхьэхэм адыгэ фащэр щатIэгъэн зэрыхуейм; адыгэшым и Iулыджымрэ и пщIэмрэ хэгъэгум зэрыщыщIэтхапхъэм; Адыгэ-Хьэблэ районым сымаджэщ зэримыIэм къыхэкIыу цIыхухэр гугъу зэрыригъэхьым; Хасэм и лэжьыгъэм лъэпкъым къыхэкIа дэтхэнэри зэрыхэлIыфIыхьыпхъэм, нэгъуэщIхэми.
Къэпсэлъэныгъэхэм иужь, зэIущIэм хэтахэр яужь ихьащ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм унафэ тращIыхьыным - Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ IэнатIэм пэрыувэныр хэхыным. ЛIыкIуэхэм зэдэарэзыуэ, а къалэныр Аслъэн Алий хуагъэфэщэжащ. Абы къыдэкIуэу хахащ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэр, Хасащхьэм хэтынухэр.
ШЫПШ Даянэ.