Дохутырхэм я зи чэзу зэхуэсышхуэ

Адыгэ Республикэм и ЛIы­кIуэ IуэхущIапIэу Моск­ва дэтым иджыблагъэ щызэ­хуэсащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр. Абы къыщапщытэжащ 2025  гъэм ялэжьахэр. ЗэIущIэм хэтащ Москва дэс адыгэхэм я Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Агъырбэ Юрэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, IэщIагъэм зэпы­мыууэ щыхурагъаджэ Урысей ме­ди­цинэ академием (РМАНПО) сабий нейрохирургиемкIэ и кафедрэм и профессор, Сабий хирургиемрэ травматологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ инс­ти­тутым нейрохирургиемкIэ и къудамэм и унафэщI, Хасэм и ­гуащэ Семэн Жаннэ, Адыгейм и сенатору УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым щыIэ Хъупсырокъуэ Мурат, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респубикэм узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министр Къалэбатэ ­Рустам, медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, доху­тыр Iэзэхэр, IэщIагъэм пэрыувагъащIэхэр, студентхэр. 

- Хасэр къызэрызэдгъэ­пэщрэ илъэсищ фIэкIа ­мы­хъуами, а зэман кIэщIым къриубыдэу къигъэлъэгъуащ зы­хуигъэувыжа къалэнхэм хъарзынэу зэрыпэлъэщыр. Ар хэгъэгухэм я дежкIэ мы­хьэнэшхуэ зиIэ социальнэ институт хъуащ, - жиIащ Хасэм и унафэщI Семэн Жаннэ. 
Хасэм хэтщ Москва и сымаджэщ цIэрыIуэхэм, хамэ къэралхэм щыIэ щIэныгъэ центр­хэм, апхуэдэуи Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым, Краснодар крайм щы­ла­жьэ дохутыр лъэрызехьэ­хэр.
Урысей медицинэмрэ абы епха щIэныгъэмрэ заужьы­нымкIэ япэ игъэщыпхъэ къалэнхэр щIыналъэхэм щызэ­фIегъэкI Хасэм, дохутыру еджахэр я IэщIагъэм нэхъ Iэзэ хуэхъун папщIэ къэрал медицинэ IуэхущIапIэхэм увынымкIэ ядоIэпыкъу, махуэ къэс щIэуэ къежьэ Iэмэпсы­мэхэр республикэхэм тыншу къыщагъэсэбэпу егъэсэнымкIи зыщIагъакъуэ. 
«Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и япэ зэIущIэм Хасэм и уставыр къыщащтауэ щытащ. Абы и пщэрылъ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым, Краснодар крайм, нэ­гъуэщI хэгъэгухэми я медицинэ IэнатIэм зегъэужьы­нымкIэ пщIэншэу ядэIэпы­къу­ныр. Аращ нобэкIэ зытет­ри. Апхуэдэуи зэгухьэныгъэм хэтхэм медицинэ егъэ­джэ­ныгъэм, медицинэ щIэ­ны­гъэм, медицинэ IэщIагъэм я зэпы­щIэныгъэр ягъэ­быдэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Москва и медицинэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щылажьэ­хэмрэ къалэ сымаджэщым щыIэ дохутырхэмрэ зыхэт чат нобэкIэ мэлажьэ. Адыгэ ­дохутырхэр зэрыщIэным и жэрдэмщIакIуэ хъуар Москва дэс адыгэхэм я Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ Агъырбэ Юрэщ. 
Чатым хэтщ Адыгейм, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэ­шей-Шэрджэсым щыщхэу Москва щылажьэ дохутырхэр. Абыхэм республикэхэм икIа сымаджэхэм я нэIэ трагъэт, Москва кIуэныр, зэкIуэ­лIэнур къыхузэрагъэпэщ, чэн­джэщэгъу мэхъу. 
Семэн Жаннэ сытым дежи къыхегъэщ къэралым и сымаджэщ, институт нэхъыфI­хэм ди лъахэгъу куэд ехъулIэныгъэхэр яIэу зэрыщы­лажьэр, ахэр республикэхэм икIахэм дэIэпыкъуну сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр. 
Зи чэзу зэхуэсым хэтахэр тепсэлъыхьащ Хасэм и пщэ къыдэхуэ Iуэхухэр убзыхуным, нэхъри зегъэубгъуным, медицинэм и лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэр сымаджэщ нэхъыфIхэм гъэувыным, доху­тыр нэхъ Iэзэхэм дэгъэ­лэжьэным, щIыналъэхэм я зэдэлэжьэныгъэр гъэбы­дэ­ным, абыхэм щыпсэухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным хуэсакъыным. 
«Дохутырхэм я хасэ» зэгухьэныгъэм медицинэ щIэ­ныгъэхэмкIэ дохутыр 12, кандидату 22-рэ хэтщ, медицинэм и IэщIагъэ зэмы­лIэужьыгъуэ куэд къызэ­­щIау-­
быдэу. Ар зы щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт хуэдиз мэхъу. 
НэщIэпыджэ  Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.

13.07.2026 - 10:01

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

12.07.2026 - 09:03

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.