Адыгэ литературэм и лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм. Ар къызэригъэпэщащ Бахъсэн щIыналъэм щэнхабзэмкIэ и центрым и методист нэхъыжь, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людэ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэм, и IэдакъэщIэкIхэм, еджапIэ зэрыщыIам, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми ятеухуа Iуэхугъуэхэм пэджэжынымкIэ, усэ къеджэнымкIэ, теплъэгъуэ гъэлъэгъуэнымкIэ зэпеуащ ныбжьыщIэхэр. Ар ирагъэкIуэкIащ къуажэм дэт лъахэхутэ музейм и уна- фэщI Шакъ Миланэрэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщIым и къуэдзэ Къэ-жэр Зурьянэрэ.
- Адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ усакIуэшхуэ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 125-рэ ирокъу. УсакIуэшхуэр ноби тщIыгъущ, ар псэу хуэдэщ, и тхыгъэхэр уахътыншэщи. Зи уэрэдыр и кIэм нэмыса усакIуэ щэджащэм и сатырхэм къеджэнущ, абы и гъащIэ гъуэгуанэм и напэкIуэцIхэр къызэIуахыжынущ ди еджакIуэ цIыкIухэм, - жиIащ Къэжэр Зурьянэ.
- ЩоджэнцIыкIу Алий и усэ сатырхэр гукIэ дощIэ, тфIэфIщ, гупсысэ къахыдох. Нобэ екIуэкI мы Iуэхугъуэми къегъэлъагъуэ и тхыгъэхэм зэи ух зэрамыIэнур! - къыпещэ Шыкъ Миланэ.
ГупиплIым я зэфIэкIыр къапщытащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ псапа-щIэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид, Бахъсэн районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Къардэн Марат, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Гугъуэт Заремэ, Бахъсэн районым щэнхабзэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Къарэмырзэ Людэ, Бахъсэн районым и библиотекэ системэм и методист ЛIыгуащIэ Эльвирэ. КъэпщытакIуэ гупым я унафэщIащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и уна-фэщIым и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ.
НыбжьыщIэхэр унэтIыныгъиплIкIэ зэпеуащ: къэпщытакIуэхэм зыкърагъэцIы-хуу я пащхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ, гуп къэс ЩоджэнцIыкIу Алий теухуа упщIэ зыбжанэм жэуап иратащ, абыхэм я пашэхэр щхьэхуэу упщIэ-жэуапкIэ зэпеуащ, ныбжьыщIэхэр гъэхуауэ усэ къызэреджэфыр наIуэ къащIащ, ЩоджэнцIыкIум и тхыгъэхэм тращIыкIа теплъэгъуэхэр ягъэлъэгъуащ. КъэпщытакIуэ гупым увыпIэхэр щагуэшым къалъытащ ныбжьыщIэхэм я утыку итыкIэр, фащэр, гуп къэс игъэхьэзыра дамыгъэр, усэр зэрызыхащIэр, утыкур зэпэщ зэращIар, анэдэлъхубзэр зэрагъэшэрыуэр.
ТекIуэныгъэр (Гран-при) ялъысащ ПсыкIэху къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лIыкIуэхэм - «НыбжьыщIэ ха- хуэ» гупым. Япэ увыпIэр къахьащ «Лъэпкъым и макъ» зыфIэзыщахэм, ахэр Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №3-м щIэсщ. ЕтIуанэ хъуащ Кышпэк къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къикIа «Шыхулъагъуэ» гу-пыр. Баксанёнкэ къуажэм дэт етIуанэ курыт еджапIэм щыщ «Нур» гупым ещанэ увыпIэр къахьащ. Абыхэм гулъытэ хуащIащ къэпщытакIуэхэм я фIыщIэ тхылъ- кIи.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ псапащIэ фондым фIыщIэ тхылъхэр яхуигъэфэщащ зэпеуэм хэта гупхэр зыгъэхьэзыра гъэсакIуэхэм-рэ егъэджакIуэхэмрэ: Лу Заретэ, Багъ Сюзаннэ, Бжэны-кIэ Маринэ, Хьэтэжьыкъуэ Ларисэ сымэ.
- НыбжьыщIэхэм зыкъызэрывгъэлъэгъуар дигу дыхьащ, ауэ гугъу дригъэхьащ увыпIэхэр гуэшыным. Псом нэхъыщхьэращи, адыгэбзэр дахэу фогъэшэрыуэ. Фэри, фызыгъасэ адэ-анэхэми, егъэджакIуэхэми фIыщIэшхуэ фхудощI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэ-хэм я союзым къыбгъэдэ-кIыу сынывохъуэхъу нобэ екIуу зыкъызэрывгъэлъэгъуамкIэ. Мы Iуэху дахэм и фIыгъэкIэ нэхъри зыщывгъэгъуэзащ ЩоджэнцIыкIу Алий и тхыгъэхэм. Зэпеуэм хэта дэтхэнэ гупми фхуэфащэщ текIуэныгъэ, абы шэч къытевмыхьэ. Ауэ, къэпщытакIуэ гупым цIыху зытхух дыщыхэткIэ, балл бжыгъэхэр дгъэуващ, ахэр зэхэтлъхьэжу къэдбжыжын хуей хъуащ. Абы къикIыркъым псоми зы гупыр нэхъ къыхэдгъэщхьэхукIауэ, зэпеуэ Iыхьэхэм теухуауэ ди гупсысэ щызэтемыхуаи щыIэщ, - жиIащ Мэремкъул Ларисэ, ныбжьыщIэхэм защыхуигъазэм.
Къардэн Марат марафон зэпеуэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъэгъуахэм ехъуэхъуащ, адыгэбзэр фIыуэ зэралъагъум хуэдэу, адэкIи щIэныгъэм и лъагъуэм гушхуауэ ирикIуэну чэнджэщ яритащ. Абы Зэгъэщтокъуэ Людэ фIыщIэ хуищIащ Iуэ-хур къызэрызэригъэпэщам, щIэблэм къызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ ялъагъуу къыдэкIуэтеиным хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ.
Зэпеуэм хэта гупым видеозэпыщIэныгъэкIэ чэзур иратащ Тэрч щыналъэм хиубыдэ Тамбовкэ къуажэм и ныбжьыщIэхэм. Иджы абы къыщызэрагъэпэщынущ ЩоджэнцIыкIу Алий теухуа зэпеуэ.
Тхыгъэри сурэтхэри ГУГЪУЭТ Заремэ ейщ.