Анэхэм йогуапэ![]() Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьокъуэ Русланрэ щыIащ я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэм я деж. «ДыкъэзыгъэгумащIэ мы махуэшхуэм дыхуейщ пщIэ фхуэтщIыну. Фэ вгъэсащ лIыхъужь нэсхэр, Хэкум къулыкъу хуащIэу я къалэнхэр щагъэзащIэм хахуагъэрэ къэмылэнджагъэрэ къэзыгъэлъэгъуахэр. Фэ сыт щыгъуи дэркIэ лъагъуныгъэм, быдагъэмрэ пэжагъымрэ я дамыгъэу фыщытынущ. Дэ сыт щыгъуи дыфщIыгъущ икIи дыхьэзырщ дывдэIэпыкъуну», - жиIащ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Васильев Сергей. БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||







