Дохутырхэр Мелитополь щыIащ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр иджыблагъэ Запорожье областым щыIащ сымаджэхэм еплъыну.

ЩэкIуэгъуэм и 7-м Лъэпкъ медицинэ IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэр Мелитополь щеплъащ лышх узыфэ зыпкърытхэм. Абы и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, мыпхуэдэ зэдэлэжьэкIэр ростов центрым къыхилъхьауэ, жэпуэгъуэ мазэ лъандэрэ Херсон, Запорожье щIыналъэхэм чэзууэ щокIуэкI.

Мызыгъуэгу Ростов икIри, щIэныгъэлI 11 кIуащ Мелитополь и щIыналъэ сымаджэщым. Абыхэм яхэтщ кIуэцI, тхьэмбыл, щIыфэ, бгъэ, лыпцIэ, щхьэ, пщэ, къинэмыщI лышх лIэужьыгъуэхэмкIэ онкологхэр, нейрохирург, УЗИ зыщI дохутыр.

- Ди дохутырхэр еплъащ цIыху 46-м. Иджыри 20-м УЗИ хуащIащ. А псоми ящыщу цIыху 14-р нэхъ куууэ зыкIэлъыплъыпхъэу къалъытэри, ди щIэныгъэ IуэхущIапIэм кърагъэблэгъащ, мыбдеж дыщеIэзэну, - жиIащ щIэныгъэ центрым и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, академик Кит Олег.

Гупым хэта нейрохирург Росторгуев Эдуард Мелитополь и щIыналъэ сымаджэщым и нейрохирургхэм щIыгъуу нэхъ сымаджэ хьэлъэхэм я Iуэхум хэплъащ икIи Ростов нэхъ тыншу къызэрагъэIэпхъуэну щIыкIэр яубзыхуащ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ