Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ цIыху 700-м нэблагъэ: къэралым педиатриемрэ иммунологиемкIэ и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, дохутырхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, адэ-анэхэр.
Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр медицинэ лэжьакIуэхэм, республикэм щыпсэухэм я деж вакцинэр зищIысым, абы и мыхьэнэм теухуауэ ягъэунэхуауэ щыIэ щIэныгъэ хъыбарыр нэхьэсынырщ.
Медицинэ форумыр къызэIуихащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Абы жиIащ вакцинэм теухуауэ щыIэ хъыбар нэпцIхэм лъабжьэ зэрамыIэр наIуэ къэщIыным, ар зэзымыхьэлIэхэр зыIууэнкIэ хъуну щытыкIэ шынагъуэхэр зыхуэдэм жылагъуэр щыгъэгъуэзэнымкIэ зэхыхьэр Iэмал хъарзынэу зэрыщытыр икIи абы иужькIэ цIыхухэм а Iуэхум хуаIэ еплъыкIэр яхъуэжыну зэрыгугъэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ вакцинэм аутизм узыфэр къыхэкIыу къалъытэу кърахьэкI псалъэмакъхэр зэрымыпэжым, а мастэм и фIыгъэкIэ узыфэ зэрыцIалэ куэдым зэрапэщIэтыфым, сабий сымаджэрилэхэм я иммунитетыр зэфIэувэнымкIэ сэбэп зэрыхъум.
- Вакцинэр хэлъхьэным теухуауэ мы зэхыхьэр иджы япэу къэралым щрагъэкIуэкIа медицинэ форумщ, - жиIащ Сперанский Г. Н. и и цIэр зезыхьэ РМАНПО-м педиатриемкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор Захаровэ Иринэ. – СымыгъэщIэгъуэн слъэкIыркъым зэIущIэм цIыхушхуэ къызэрырихьэлIар, абы къегъэлъагъуэ а IуэхумкIэ зыгъэгузавэ зэрыщыIэр икIи нэхъыбэ къащIэну зэрыхуейр. УпщIэ-жэуап жыпхъэм иту форумыр зэрекIуэкIам адэ-анэхэми дохутырхэми Iэмал къаритащ вакцинэм теухуауэ шэч къызытрахьэхэр зэхагъэкIыну. Сэ шэч къытесхьэркъым нобэрей зэхыхьэм 90 гъэхэм щегъэжьауэ кърахьэкI хъыбархэр, псалъэм папщIэ, фэгъазэм щахъумэу халъхьэ мастэм аутизм къыхэкIыу къызэралъытэр, зэрынэпцIыр наIуэ къызэрищIам. Абы зэхэхауэ зэрытепсэлъыхьам и фIыгъэкIэ апхуэдэ щхьэусыгъуэхэр зэрылъабжьэншэр цIыху куэдым къагурыIуащ. Вакцинэм дзыхь хуегъэщIынымкIэ, абы и мыхьэнэр нэсу цIыхухэм къагурыгъэIуэнымкIэ, шэчыншэу, мыпхуэдэ форумхэм къалэнышхуэ ягъэзащIэ.
Захаровэм къыхигъэщащ Iуэхум адэкIи къызэрыпащэнур, сабийхэм вакцинэр хегъэлъхьэным теухуауэ адэ-анэхэм папщIэ чэнджэщ щхьэпэхэр зэрыт тхылъ къызэрыдагъэкIынур.
Москва областым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и сабий аллерголог-иммунолог нэхъыщхьэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Продеус Андрей сабийхэм я узыншагъэм теухуауэ адэ-анэхэм драгъэкIуэкI псалъэмакъхэр зэрыщхьэпэр икIи форумым ахэр зыгъэгузавэ упщIэ куэдым я жэуап зэрыщагъуэтынур жиIащ.
- Дэтхэнэ зы адэ-анэми и сабийм вакцинэр хригъэлъхьэнуи хримыгъэлъхьэнуи хуиту щытын хуейщ, - къигъэлъэгъуащ абы. - Ауэ ахэр Iуэхум фIыуэ егупсысауэ щытыпхъэщ, абы зыхуишэнкIэ хъунур фIыуэ къагурыIуэжу. Абы папщIэ абыхэм ящIэн хуейщ вакцинэм теухуауэ щIэныгъэр зи лъабжьэ хъыбар пэжыр. Къапщтэмэ, нобэ медицинэ къэхутэныгъэхэмкIэ щIэгъэбыдэжа еплъыкIэхэр утыку кърахьащ форумым кърихьэлIа IэщIагъэлIхэм. Согугъэ ар адэ-анэхэм нэсу зэхащIыкIауэ, жылагъуэм я узыншагъэр хъумэнымкIэ вакцинэр дэIэпыкъуэгъушхуэ зэрыхъур къагурыIуауэ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.