Интернетым ВАТСАП-кIэ зэджэ и Iэмалым и фIыгъэкIэ сызыхыхьа гуп гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ «Ди бзэ, ди псэ» жыхуиIэр. Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъу, а къэралым IэщэкIэ зэщIэузэда и дзэхэм я генерал, и ныбжьыр щынэсым тIысыжа Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд зэхиша «дзей» щхьэпэм и фIыщIэкIэ дызэрыцIыхуащ иджыблагъэ телефонкIэ зыкъыспызыщIа, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Шордакъ къуажэм дэт курыт еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Къардэн Анжелэрэ сэрэ.
ГъэсакIуэ бзылъхугъэм къытхуиIуэтахэм ящыщщ адэкIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынур.
- Аргудан къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м и унафэщI Хьэлышх Маритэрэ сэрэ, къыдэгъэщIылIа ныбжьыщIэ цIыкIухэр ди гъусэу, дыщыIащ Бахъсэн районым хыхьэ Баксанёнок (Къэсейхьэблэ) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм гъуазджэмкIэ и унафэщIу илъэс 40-м щIигъуауэ лажьэ Щхьэгъум Борис и унагъуэм хьэпшыпыжьхэр щызэхуихьэсыжу къызэригъэпэща музейм, - щыжеIэ и пэублэ псалъэм Къардэным.
Щыгъуазэ дызэрыхуэхъуамкIэ, Щхьэгъум Борис и ехъулIэныгъэхэр жыжьэ къыщожьэ. ЗэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъэгъуэнщи, ар 1969 гъэм Налшык щекIуэкIа телефестивалым и дипломантщ, 1974 гъэм республикэм къыщызэрагъэпэщауэ щыта «Мамырыгъэмрэ лэжьыгъэмрэ» уэрэд зэпеуэм и лауреатщ.
Челябинск областым хыхьэ Миасс къалэм 1976 гъэм цIыхубэ уэрэдхэр жыIэнымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIати, Челябинск дэт дзэ гарнизоным уэрэдхэмрэ къафэмкIэ и ансамблыр дэщIыгъуу, Борис а зэпеуэм зэрыщытекIуам папщIэ «За отличие в службе» медалым и япэ нагъыщэр къратащ, лауреат цIэри къыфIащащ. Абы къыкIэлъыкIуащ Щхьэгъумыр, увыпIэ хъарзынэхэр щызыIэригъэхьэу, 1977 гъэм «Iуащхьэмахуэ щыгу щыIу уэрэдхэр» телефестивалми 1983 гъэм Владикавказ (Орджоникидзе) щекIуэкIа IуэрыIуатэ зэпеуэми зэрыхэтар.
- Куэд мэхъу Борис и ехъулIэныгъэхэр, ауэ а псом нэхърэ нэхъыщхьэжу езым къилъытэр музейм щIэлъыпхъэ хьэпшыпхэр илъэс куэдкIэ зэрызэхуихьэсарщ. Iэмэпсымэ зэмыщхьу, илъэсищэ ипэкIэ зэрахьауэ щытауэ щитIым щIигъум уащыхэплъэкIэ, уи нэгум къыщIэмыхьэн плъэкIыркъым блэкIа зэманым и щыхьэтхэр, - къыпещэ и псалъэм Анжелэ.
ЕгъэджакIуэм зэрыжиIэмкIэ, Iыхьлыхэм я фэеплъу илъэс Iэджэ хъуауэ зэрахьэ хьэпшыпхэр Борис къыхуэзыхь и къуажэгъухэр щогугъ абыхэм яхуэфащэ пщIэ жылэм и музейм щагъуэтыну. Дэтхэнэ Iэмэпсымэми Iэпслъэпсми, зэрыжаIэу, Борис егъэлеяуэ щогуфIыкI икIи фIыщIэшхуэ яхуещI фэеплъхэр зигу пыкIыу къыхуэзыхьа псоми.
Япэ дыдэу «тхыдэщым» тыгъэ хуэзыщIар Ерыджокъуэ Амырбийщ. Адэм и фэеплъ адыгэ къамэм музейм хуэфащэ увыпIэ щиубыдащ. Зи ахърэтыр дахэ хъун Шырыт Мышонэ и ныбжьыр илъэс блыщIым щIигъуат жаIэ, Борис и музейм тыгъэ хьэлэмэтхэр щыхуищIам. АтIэми, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым Мышонэ зэман куэдкIэ зэрихьа Iэмэпсымэхэр.
Щхьэгъум Борис и музейм хьэпшып хьэлэмэт къезыхьэлIахэм ящыщщ Шакъ Iэдэм, Бэрэздж Заурбий, Бэрэздж Хьэдис, Хьэмдэхъу Хьэсанш, Зэрэкъуш Хьэмидбий, Гъут Зулъкъарней, Нартокъуэ Мурат, Щхьэгъум Хьэсэн, Цагъэ Музэчыр, Бахъсэн къалэм щыпсэу Алокъуэ Исуф, Ерыджокъуэ Мухьэмэд, Балэ Лидэ сымэ. Уэзы Хьэсанэ къихьа щыгъэм къежьапIэ хуэхъуауэ хуагъэфащэр домбеякъ лIэщIыгъуэрщ.
- Борис зэрыжиIэмкIэ, - къыпещэ Анжелэ, - къызытехъукIа и нэхъыжьхэм ябгъэдэтым хуэдэу къыщохъу, музейм щызэхуихьэс хьэпшыпыжьхэм щаIуплъэкIэ. Абы, ди тхыдэм и фэеплъхэм хуэфащэ увыIэпIэ яригъэгъуэту, ахэр къуажэ щIэблэм къахуигъэнэнри и хъуэпсапIэщ. Дауи, зэрыгурыIуэгъуэщи, мурад дахэ зыщIа, зигури зи псэри къуажэм дэлъ дахагъэр хъумэным телажьэу псэу Борис зыхущIэкъур къехъулIэмэ, жылэм дежкIи пщIэшхуэщ.
Мы тхыгъэм сытегушхуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къысхуэхъуа Къардэн Анжелэ, и гъэсэн цIыкIухэр и гъусэу, Къэсейхьэблэ зэрырагъэблэгъа щIыкIэм къысхутепсэлъыхьыну сыщелъэIум, жиIащ:
- НэхъыжьыфIым къызэригъэпэща музейм хуей дэтхэнэри щIыхьэфынущ. Илъэс 27-рэ хъуауэ щызэхуихьэс хьэпшыпыжьхэр, гу зэрылъыттащи, ди лъэпкъым и блэкIа жыжьэм къыхэбэкъукIам хуэдэщ, апхуэдизу ахэр телъыджащэщи! Алъандэрэ сызэрыщыгъуазэ щымыIэу, гъэщIэгъуэн дыдэ сщыхъуахэм ящыщщ адыгэхэм щIым телэжьыхьыным, Iэщ зехуэным, шы лъэпкъыфI къэгъэхъуным апхуэдиз гулъытэ хуащIу зэрыщытар. Ар долъагъу Борис зэхуихьэсыжа Iэпслъэпсыжьхэм дащыбгъэдыхьэкIэ. Езы тхьэмадэри апхуэдизу гъэхуарэ дахэу а псом топсэлъыхьыжри, Къэсейхьэблэ здэтшахэри зэхахым дихьэхыщарэ тедымауэ едаIуэрт. Си щхьэкIэ къысщыхъужащ Щхьэгъумым зи гугъу ищI лъэхъэнэ жыжьэхэм сакъыхэхутауэ.
- Аргудани Шордакъи икIахэр Къэсейхьэблэ фыщыдыхьэм, япэщIыкIэ фыздрагъэблэгъар дэнэ? - жытIэу дыщеупщIым, Анжелэ жиIащ:
- ПэщIэдзэ лъэбакъуэу дэ дашащ илъэс куэд щIауэ езы Борис щылажьэ, а къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм. Жылэдэсхэр зыщIэса пэшышхуэм дыщызэпсэлъащ, зыр адрейм дехъуэхъуащ, ныбжьыщIэхэр тхьэмадэм и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм, Iуэтэж кIэщIхэм, псалъэгъэнахуэхэм къеджащ. Иужьым дэ псори Щхьэгъум Борис и лъапсэм драгъэблагъэри, адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ яузэда Iэнэ зыкъизыхым дыбгъэдашащ. Абдежым ини цIыкIуи зыгъэгушхуэ хъуэхъу дахэхэр щызэхыдагъэхащ. Музейм дыщIыхьэри, щIэлъ хьэпшыпхэм езы Борис къытхутепсэлъыхьыжу дабгъэдэтащ. Къыхэзгъэщынут тхьэмадэр цIыкIухэм зэрепсалъэ бзэ гъэхуамрэ зэрызахуигъазэ щIыкIэр зыхуэдэмрэ зэрызгъэщIэгъуар. Абы и псэлъэкIэм сабийхэр дихьэхауэ къэкIуэжащ. Апхуэдэ си щхьэкIэ япэу сыхуэзэу аращ.
Уэрэдыр зи Iэпэгъу, макъ жьгъыру лъагэмкIэ цIыхубэр зыгъэгушхуэ, пшынауэ Iэзэ, и макъамэ дахэхэмкIэ лъэпкъым яхуэупсэ уэрэджыIакIуэ, IуэрыIуэдз, гушыIэ дахэр зи Iэпэгъу, «Адыгэ (Шэрджэс) щэнхабзэм и дунейпсо фестиваль» зыфIаща зэпеуэм 2013, 2020 гъэхэм япэ увыпIэр къыщызыхьа «Кавказ» цIыхубэ уэрэджыIакIуэ гупым хэт, «Лазурная волна - Сочи-2019» зэхьэзэхуэм и закъуэу уэрэд щыжыIэнымкIэ дыщэ медаль къыщызыхьа Щхьэгъум Борис Мухьэжид и къуэр гъуазджэм зэрыхуэлажьэрэ илъэс 50-м щIигъуащ. Бахъсэн районым дежкIэ ар ехъулIэныгъэш-хуэщ. Борис и макъ лъагэр ишэщIу утыкум щиткIэ, гур щIалэгъуэм хешэ, псэр зыIэпешэ, гухэлъыр гущIэм щотIэпI.
Борис и гугъапIэ лъагэхэм и Iэр техуащ, ди гъунэгъу республикэхэми, Урысейм и къалэшхуэ куэдми, дунейпсо зэпеуэхэми япэ увыпIэхэр къыщихьащ, дыщэ медалхэри къратащ, «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри къыхуагъэфэ- щащ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.