НэхъыжьыфIхэм папщIэ

УФ-м и Компартым къыщзэригъэпэща «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Налшык къа­лэ къудамэм и унафэщI Къурашэ ФатIимэ, УФ-м и Компартым и Налшык къа­лэ комитетым и япэ секретарь Мыз Мурат, къэралым и комсомол-пионер зэщIэхъееныгъэм Къэбэрдей­-Балъкъэрым щиIэ IэнатIэм и уна­фэщI Урысбий Еленэ сымэ «Диалог эпох» зыфIаща пэ­хуэщIэм ипкъ иткIэ зэхаша зэIущIэм, жэпуэгъуэ мазэр зи ныбжь хэ­кIуэтахэм зэрыхухахар я тегъэщIапIэу, иджыблагъэ зэхыхьэ щхьэпэ ирагъэкIуэкIащ. 
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди къ­э­ралым къизэрыхьа хьэщ­хьэ­рыIуэхэр изыхужыну тэджа адэ-анэ­хэр, къуэш-шыпхъухэр зыпэрыта IэнатIэ мытыншыр зезыхьэну къызыхуи­хуа ди цIыхухэм ящыщу псэууэ къэнахэм пщIэ щыхуащI зэIущIэм кърагъэблэгъат УФ-м и Компартым ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис, «Зауэм и бынхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Шыдакъ ­Женя, «Заман» газетым и редактор, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм щIыхь зиIэ и журналист Османов Хьиса сымэ, нэгъуэщIхэри. 
«Зауэм и бынхэр» зэгухьэныгъэм хузэхалъхьа уэрэдымкIэ зэIущIэр къызэIуахащ Гъэунэ Дианэрэ Бондарь Алинэрэ. Къызэхуэсахэр абы ядежьууащ щыту. 
Къурашэ ФатIимэ зэIущIэр къы­щызэIуихым кърагъэблэгъахэм псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ. 
- Ди нэхъыжьыфIу фIыр зи Iэужьхэм фшэча хьэзабымрэ флъэгъуа бэлыхьымрэ зэи тщыгъупщэ мыхъун Iуэхущ. Фи жьауэм дыщIэту, фи ущием дедаIуэу, куэдрэ ди япэ Тхьэм фригъэт. Зэхыхьэр къызэдгъэпэщын папщIэ сэбэп къытхуэхъуахэми, нэхъыжьыфIхэр вдэдгъэлъэпIэнщ жы­зыIэу зыкърезыгъэхьэлIахэми, псоми фIыщIэ фхузощI, - жиIащ Пащты Борис. 
- Сыхуейщ фIыщIэ фхуэсщIыну, ­Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм ­гъащIэм и IэфIыпIэр фымылъагъуу, фи псэ фемыблэжу, гугъуехьи гуауи фыпэщIэту, сабиигъуэр зищIысыр фымыщIэу, зауэм щыIа фи Iыхьлыхэм къыщагъэзэжыным фыпэплъэу, абыхэм къагъэна лэжьыгъэ мытыншым фызэрыпэрытам папщIэ. КъэфкIуа гъуэгуанэм щыфлъэгъуар, вгъэунэхуар зыхуэдэр ди щIэблэм яжетIапхъэщ, ди блэкIам ахэр щыдгъэгъуэзапхъэщ. Флъэгъуар фщымы­гъупщэу, фи бынхэм фагъэгуфIэрэ гуфIэгъуэр фи унагъуэм имыкIыу  Тхьэм фигъэпсэу! - жиIащ абы. 
АдэкIэ псалъэ иратащ Мыз Мурат. 
- Нобэ мыбдеж щыдгъэлъапIэ ди нэхъыжьыфIхэр фыщысабиям, фи адэхэр, фи къуэш нэхъыжьхэр зауэм кIуэуэ, ахэр зыбгъэдэта IэнатIэм фы­щыпэрыувам, гугъуехьрэ хьэзабу фшэ­чам щIэи гъуни иIэкъым. Фэ фи къарур пэлъэщыху, мамырыгъэм, зыужьыныгъэм фытелэжьащ. Иджы чэзур ди деж къэсащи, фи гуащIэ­дэкIым хэдгъахъуэу, адэкIэ дгъэ­кIуэтэныр ди къалэн нэхъыщхьэу къы­до­лъытэ. А псори къытщIэ­хъуэ щIэб­лэм зыхедгъэщIэн хуейщ, я блэкIар ящIэжу, гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэ­дэлъу, нэхъыжьхэм я Iэужьым пщIэ хуа­­щIу, я Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэ­тэ­джын папщIэ. ФIыщIэ ин зыхуэфа­щэ ди нэхъыжьыфIхэр иужьрей илъэсхэм нэхъ мащIэ зэрыхъуми Iейуэ де­гъэ­гумэщI. «НэхъыжьыфI здэщыIэм нэ­хъыщIэфIи щыIэщ» жыхуиIэращи, дыхуейт нэхъыбэрэ фыкъытщ­хьэ­щытыну, фи жьауэм дыщIэтыну. Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу, фи бынхэм я гуфIэгъуэ флъагъуу, узыншагъэ­рэ гуфIэ­гъуэрэ фыщымыщIэу, - жиIащ Мызым. 
Зэхыхьэм къекIуэлIа нэхъыжьхэмрэ и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ фIыщIэ ­яхуищIри, Османовыр зи ныбжьыр ­хэ­кIуэтахэм папщIэ яхузэхилъхьа усэм къеджащ. 
Нэхъыжьхэм щхьэкIэ къыздахьа, «Зауэм и бынхэр» зытет медалхэр ­кърагъэблэгъахэм, зырызыххэу я цIэ ­къраIуэурэ, халъхьащ. 
Налшык къалэ дэт курыт школ ­№11-м щIэсхэмрэ «Ислъэмей» къэфакIуэ гупым хэтхэмрэ зэдагъэхьэзыра концерт цIыкIумкIэ зэIущIэр зэхуащIыжащ. 
КЪАНКЪУЛ Раисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.