Ди щIэджыкIакIуэ набдзэгубдзаплъэхэр зэрыщыгъуазэщи, «Адыгэ псалъэм» щылажьэхэм цIыху зыбжанэ яхэтщ усэм, прозэм, зэдзэкIыным, литературэ тхыгъэхэр зыхуей хуэгъэзэным гулъытэ нэхъыбэ хуащIу. Жэпуэгъуэм и 6-м редакцэм и хьэщIэщым щызэхэтащ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм дыщытепсэлъыхь хабзэ «Литературэ пщэдджыжь» зыфIэтща зэхуэс. Ар теухуат Гугъуэт Заремэ и усэхэм.
ДыпIащIэу, зэман ебзыхьэкIакIэ дгъэхьэзыр махуэ къэс тхыгъэхэм елъытауэ, жьы дэхупIэ тхуэхъу литературэ хуэIухуэщIэхэм я фIыгъэкIэ ди къалэн нэхъыщхьэри нэхъ нэгъэсауэ гъэзэщIа хъууэ къысфIощI. Псалъэм и IэфIыр зыIэщIэдмыгъэкIын, ди щыуагъэхэр «дэр-дэру» зэхуэтIуэтэжын, зым адрейр дгъэгушхуэн папщIэщ мыпхуэдэ зэIущIэхэр едгъэкIуэкIыныр игъуэу къыщIэтлъытар. «УсакIуэ» псалъэ дахэм зи цIэ-унэцIэр кIэрыпщIа Гугъуэт Заремэ и усэ Iэрамэм дыщIытепсэлъыхьам и щхьэусыгъуэ дыдэри абы и хъэтIыр, и гупсысэ гъэкIэрэхъуэкIэр, гурыщIэ къэIуэтэкIэр зэрызыхэтщIэ щIыкIэмкIэ дызэдэгуэшэн щхьэкIэщ.
Куэд щIакъым Заремэ и усыгъэм теухуа тхыгъэ «Адыгэ псалъэм» къызэрытеддзэрэ. Абы щыжысIам къытезмыгъэзэжу, адрей си лэжьэгъухэм ди литературэ уэршэрым къыщапсэлъахэр фхэсIуэтэжынщ. Утыку къитхьа гупсысэ псоми я мыхьэнэр зыщ: Гугъуэт Заремэ зи бзэр зэрыубыда усэрыпсалъэ къызэрищIыкIар наIуэщ.
ЩхьэщэмыщI Изэ игу къигъэкIыжащ ди лэжьэгъу зэчиифIэр Хьэх Сэфарбий тхэн щIэзыдзэхэм папщIэ илъэс куэдкIэ игъэлэжьа «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм къызэрыхэтэджыкIар. «Адыгэ псалъэм» щигъэзащIэ къалэнхэм къадэкIуэу, Изэ «Советская молодежь» газетым адыгэбзэкIэ къыщыдэкI «Псынэ» напэкIуэцIыр егъэхьэзыр. «Шыхулъагъуэм» хэтхэм я тхыгъэхэр абы къытрадзэу зэрыщытам и фIыгъэкIэ, Изэ пасэу гу лъитащ Заремэ и тхэкIэр адрейхэм къазэрыхэщым.
- Иджы дэри дрищыхьэтщ, - жиIащ Изэ, - Заремэ и усэхэм щIэупщIэ зэраIэм, цIыхухэр къызэрыпэджэжым. Бзэ тыншкIэ, дахэкIэ, къулейкIэ матхэ ар, «къармэхьэблэ хъэтI» фIэсщынт и тхэкIэм. ЕджэгъуафIэу, гурыIуэгъуафIэу апхуэдэщ, зыми хыумыгъэгъуащэ езым и дуней иIэжу.
Заремэ и усэхэм ящыщу, Изэ «Нэмэз щыгъэ» усэр нэхъыфIу илъагъуу къыщIэкIащ икIи къытхуеджащ.
- Сэ си закъуэкъым, анэшхуэ куэщI ирапIыкIа дэтхэнэ зыри и сабиигъуэм къыщыхутэжынущ а усэм и фIыгъэкIэ. А нэмэз щыгъэр зи Iэпэгъуу пIэ лъапIэм теса си анэшхуэм и дунейр си нэгу къыщIагъэхьэж мы сатырхэм. Абы укъыфIэкIмэ, Заремэ жэуапыншэ лъагъуныгъэ жыхуаIэм теусыхьрейщ. А темэмкIэ къыщIэзыдза ТхьэгъэзитI Зубер ещхьу, и усэбзэр къызэрытIэпIыкIыу, а гурыщIэ къабзэр щытепщэ дунейм дыхишэну сыщогугъ Заремэ. Иджыри зытеусыхьыфыну лъэныкъуэ куэд зэрыщыIэм, абы хурикъун Iэзагъи зэрыбгъэдэлъым шэч къытесхьэркъым, Тхьэм иригъэфIакIуэ.
«АдыгэбзэкIэ яусахэр мин бжыгъэкIэ си пащхьэ къралъхьэу щытми, Заремэ ейхэр абыхэм къахэсцIыхукIыну къысщохъу, - адэкIэ пещэ уэршэрым НэщIэпыджэ Замирэ. - Сыту жыпIэмэ, ауэ сытми псалъэ къызэрыгуэкIкIэ тетхыхьу щыткъым ар лъагъуныгъэм. А гурыщIэмрэ щIыуэпсым и щытыкIэмрэ зэрызэхиухуанэр уи нэгум къыщIегъэувэ. Сытым дежи уигу къегъэкI: «дауэ къигупсысыфа», «мыпхуэдэу дахэу дауэ зэрыжыпIэнур»? Мы нобэ дызытепсэлъыхь усэ Iэрамэм хэт «сатырищ хъу усэхэр» щIэщыгъуэу къысщыхъуащ, зыбжани къахэстхыкIащ, сигу изубыдарэт жысIэу: «Уафэм си гукъанэу дэспхъеяхэр уафэгъуагъуэу, щыблэу къызэгуеч». «Нэхущым гъатхэ дыгъэм сыIуплъэху, уи псалъэ жылэ си гум къыщогъагъэ». Уи гум лъагъуныгъэ е нэгъуэщI фIы гуэр щилъым деж, а уафэри нэхъ дахэу, дыгъэми нэхъ укъигъэхуабэу къыпщохъу. Жэщым уэгум къитIысхьэ вагъуэ цIыкIухэм гу нэхъ ялъыботэ, уи псэр къыщигуфIыкIкIэ. Гухэлъым цIыхур зэрихъуэжыр, фIы нэхъыбэ зэрыригъэлъагъур гъэщIэгъуэну къеIуэтэф».
Замирэ лъагъуныгъэ уситI къытхуеджащ, езым гу зылъитахэм я щапхъэхэр къыхэщу: «Уэ си гъэмахуэпэм упэжыжьэщ», «Уи сурэт закъуэр къызощтэжри» жыхуиIэхэр. «Усэ куэд дыдэ сигу ирохь, гукIэ зэзгъэщIэну сыхуейуэ, ауэ мы къыхэсхахэм псалъэхэм къыщытрагъазэурэ уи гум зэрынэсымкIэ сыдахьэхащ», - жиIащ Замирэ.
«Уэ зи гугъу пщIы тхэкIэ хьэлым хуэдэ зиIэр гупсысакIуэхэрщ, - Iэпихащ Замирэ и псалъэр Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ. – Сэ усакIуэхэр лIэужьыгъуитIу зэщхьэщызодз. Зы гупыр усэ ятхыну малIэ, ауэ бзэ къулей яIурылъкъыми, жаIэ псори блэкIа зэманым ит глаголкIэ фIэкIа къахуэIуатэркъым: «хъуащ-къэхъужащ, услъэгъуащ, сыкъэкIуащ, сыкIуэжащ» жаIэу, глагол зэфэзэщкIэ мэусэ. Заремэ бзэм зэрыриджэгум ещхьу, ириджэгуфыркъым ахэр.
- А глагол рифмэхэри Iэзэу къэзыгъэсэбэп щыIэщ, - идэркъым Заремэ. - Псалъэм папщIэ, КIуащ БетIал усэ куэд иIэщ, глаголыр Iэзэу къыщигъэщхьэпауэ.
- Ар хъуххэнукъым жысIэркъым сэ! - арэзыщ Анфисэ. – Ауэ абыи ухуэIэзэу, глаголым и къарур къыщIэпхыфу ущытын хуейщ. Глагол защIэкIэ тхэхэр усакIуэ нэмыщIысауэ къысщохъу сэ. Тхэну, усэну хуейщ, ауэ уэ пхуэдэу, гурэ псэкIэ усэу щыткъым. Адрей лIэужьыгъуэм сэ сызэреджэр «ХьэIупэщ». Апхуэдэ усакIуэм бзэр егъэбзэрабзэ, ироджэгу, апщIондэху «эффект» гуэр усэм къыщIегъэувэ. ПлъапIэу иIэр зыщ: ириджэгуурэ, бзэм и дахагъэр къигъэлъэгъуэну. Заремэ а тIуми ещхькъым. Абы и усэхэр зэрыщытри? Сэ, псалъэм папщIэ, напэкIуэцIитI-щыкIэ стхыну гурыщIэр абы зы псалъэухам иригъэзэгъэнущ. Уэ ар къыбгурыIуэнурэ, уи гум щIыхьэжынурэ, уи нэпсыр къежэхыу ущысынущ. Абыи фэрыщIагъэ хэлъкъым, плъапIэ гуэр игъэувауэ зэрымытхэм къыхэкIыу. АпхуэдизкIэ дахэу егъэджэгу и гум илъ гурыщIэри, зэрыжыфIам ещхьу, щIыуэпсым иригъэщхь сытурэ, адыгэбзэ дахэкIэ гъэкIэщIауэ, къызэрымыкIуэ «эффект» гуэр щIэлъу мэхъу, мобыхэми мыдрейхэми ещхькъым. Абы щхьэкIэ, сэ Заремэ гупсысакIуэу, философу къысщохъу. Сызэджар мащIэу, сыщымыгъуэзэнкIи мэхъу, ауэ Заремэ хуэдэ усакIуэ урысхэми яIэу слъэгъуакъым, дэри диIэкъым. Нэхъри зиужьу щытмэ, адэкIэ къыдищIэнур сщIэркъым.
ЦIыхум дунеягъэкIэ сыт хуэдэуи ухущытынкIи хъунущ, - еух и псалъэр Анфисэ. – Ауэ абы зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъыр дэплъагъумэ, апхуэдэр езыр зыхурикъужу, цIыху балигъыу аращ. Сэ сызэреплъымкIэ, Заремэ гъащIэм хэтуи щыщытыфынущ, ауэ усакIуэу къапщтэмэ, абы бгъурызгъэувэн сэ слъагъуркъым. Ар дэнэ дежи щыжызоIэ. Заремэ и усэхэм къабзагъэ, нэху хэлъщ, пэж жызоIэ жиIэу, икIагъэм зэи Iэбэркъым.
ТекIужь Заретэ гу лъитащ Заремэ и усэхэм уи гукъыдэжыр къызэраIэтым, уигу хэщIу ахэр къапщтэмэ, псэуныгу узэращIыжым. Ар къытхуеджащ «Къалэкум псейр щагъэщIэращIэ» усэм.
- Заремэ и усэхэм ятеухуауэ жысIэнуращи, образ лъэщ куэд зэрыхиухуэнэфым гу лъыботэ. ЩыIэщ усакIуэ, гукъыдэж уимыIэу уеджэмэ, уи гукъыдэжыншагъэр нэхъри ягъэбагъуэу. Мыбыхэм хуабагъ ящIэлъу, псысэ ущеджэкIэ дуней телъыджэ узэрыхашэм ещхьу, нэгъуэщI щIыпIэ укъыщагъэхутэ. ИтIанэ бзэ тыншкIэ зэрытхар. «Жэуапыншэ лъагъуныгъэ» жыхуаIэм и гугъу пщIымэ, апхуэдэ усэхэр нэхъ гъэщIэгъуэныххэщ, - жеIэ Заретэ.
Багъэтыр Луизэ усэ къеджэкIэ Iэзагъ зэрыбгъэдэлъыр ди пщэдджыжьышхэм щIэрыщIэу щыдгъэунэхуащ. Ар къытхуеджащ «Згъуэтыжкъым» усэм.
- УсакIуэм и насыпщ, - жиIащ Луизэ. – Дэ дигу илъыр тхужыIэркъым, абы зыхищIэр къеIуэтэф, Тхьэр абыкIэ къыхуэупсащи. Заремэ и усэхэр уи фIэщ щIэхъур, езым зэрыжиIам ещхьу, и гум щыщIэр кърехыфри аращ, и гум къызэрипсэлъыкIыр къыбгуроIуэ.
Ди зэIущIэр щIэщыгъуэ дыдэ ищIащ Адыгейм къыщыдэкI «Адыгэ макъ» газетым и журналист Ансокъуэ Иринэ интернет IэмалкIэ къызэрытлъэIэсам, уеблэмэ Гугъут Заремэ и усэм къеджэу тхуригъэтхыу, къызэрытхуигъэхьам. Езыр зэрыпсалъэр кIахэ къудамэм и бзэр арауэ зэрыщытым щхьэкIэ къэмынэу, Иринэ «Дунейр си пащхьэм щоуназэ» усэм дахащэу къытхуеджащ. Абы дигу къигъэкIаращи, Гугъуэт Заремэ и усэхэр кIахэ бзэ къудамэм изыгъэзэгъэн къыкъуэкIамэ, ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэж хъунут.
- ГурыщIэ къэгъэлъэгъуэнкIэ къызэрымыкIуэ Iэзагъ бгъэдэлъщ Заремэ, - жиIащ Иринэ. – УсакIуэу къызэригъэщIар нэрылъагъущ и дуней зыхэщIэкIэмкIи, и гухэлъ къэIуэтэкIэмкIи.
Зэхихахэр къызэщIикъуэжу, Зареми усэхэр езыгъэтх щытыкIэмрэ ахэр гъащIэм зэрыпыщIа лъэныкъуэхэмрэ я гугъу къытхуищIащ:
- Тхэн зэрыщIэздзэрэ, «уи усэхэр нэщхъейщ, зэ угуфIэу утлъэгъуарэт» къызжаIэ. «СыщыгуфIэм деж, усэ стхын хуей хъуркъым», - яжызоIэж сэри.
Иджыри къэс усакIуэ къалэн зыщысщIыжыртэкъым, си щхьэ Iуэху зесхуэу, спкърыузыкI гуэр кърисIуэтэн папщIэт усэр щIэстхыр. Абы къыхэкIыу, усэм и хабзэ гуэрхэри щызмыгъэзащIи къохъу. Сэ езым си псэр згъэтыншу арат. Зыгуэр къызоныкъуэкъури, ар згъэупщIыIун щхьэкIэ сотхэ, зыхужысIэжырт. Ауэ иджы цIыхухэр къыщеджэкIэ, «уэ уусакIуэщ, мыбдеж щыптхар къыдгурыIуэн хуейщ» щыжаIэкIэ, абыи зы къалэн гуэр къыпщещIри, егупсысын хуей къыщIэкIынщ.
Сэ сфIэфIу схэлъ хьэлхэм ящыщщ критикэр сигу зэрытехуэр. ПщIэшхуэ зыхуэсщI Бещтокъуэ Хьэбас къысхуэзэри: «Критикэ уи гум щIэхуэу гу лъыстащи, уи усэхэм седжэнт», - къызжиIати, сIэщIэхужри, зэмани дэкIат. АрщхьэкIэ езыр ди лъахэхутэ къудамэм кIуэщ, си усэхэр абы къыщигъуэтри, еджащ. Ар пщIэшхуэт си дежкIэ, Бещтокъуэ Хьэбас стхам фIэгъэщIэгъэну зэрытепсэлъыхьыр. Езыр си жагъуэ ищI и гугъэурэ гузавэрт, сэ си гущхьи къэкIыртэкъым. ФIыгъуэр къыхуищIэ, фIы дыдэу схузэпкърихащ.
Заремэ жэуап къритащ и тхэкIэм теухуауэ дызыщIэупщIахэми.
- Усэр гурыIуэгъуэу щытын зэрыхуейм теухуауэ сызэгупсысыр жысIэнщ. Сэ сфIэфIщ усэм къеджэ цIыхум езым зыхуей мыхьэнэ усэм къыхигъуатэу щыщытым деж. Зыр зым иригъэгупсысу, адрейм нэгъуэщI зыгуэр игу къигъэкIыу. ЗэрыжаIэу, «интрига» хуэдэу хъууэ, езыхэм пащэжыну хуиту. АрщхьэкIэ цIыху зыбжанэм «уи усэхэр зэIуха хуэдэу къонэ, бгъэбыдэжыркъым» къызжаIэри, ари сызэгупсын хуейхэм яхэзгъэхьащ.
«Авторым фемыгупсу, езы тхыгъэм фыкъеджэ», - жысIэу щытащ нэхъапэм. «Сыт уэркIэ усэр?» - щыжаIэм деж, «си хуитыныгъэщ» яжызоIэ. Абдеж зыращ сэ сыпсэлъэну хуитыныгъэ щызиIэри, ари и кIэм нэс къысхуэгъэсэбэпыркъым. СыкъэувыIэжын хуей мэхъу, зыгуэр къызэреджэнум щхьэкIэ. Си гурыфIыгъуэри, си мыгъуагъэри спкъроузыкI усэр стхыхукIэ. Тхын зэрыбухыу, уи гур мэпсэхужри, дакъикъэ ипэкIэ зыхэпщIа гугъуехым гурыфIыгъуэ къыхыбох. Зыри къэхъуни хуэмейуэ, ауэ зыгуэрым сыпэплъэ хуэдэу къыщIедзэ, усэр къыщыкIуэкIэ. Ар и кIэм зэрынэсу, а щытыкIэр мэкIуэдыж, зыри къоузыжыркъым.
Къэпсэлъахэм жаIахэр зэкIэлъыхьауэ ттхыжа щхьэкIэ, къызэрывгурыIуащи, псалъэр щызэпыдуди, адыгэ литературэр ефIэкIуэн папщIэ пщIэ хъунухэми, усакIуэ щхьэхуэхэм я тхэкIэ-щыIэкIэми «дрихьэжьэурэ» дытепсэлъыхьащ.
Заремэ и усэхэм сэ сызрагъэгупсысхэр ди газетым тета тхыгъэм къыщысIуэтакIэщ, ауэ схужымыIахэр мы зэIущIэр щедгъэкIуэкIыну ди гугъа гъатхэм зэрымыщIэкIэ усэу хэуващ. АбыкIэ зэхуэтщIыжынщ ди лэжьэгъу зэчиифIэр фIыуэ зэрытлъагъур, дахагъэ хэIэтыкIа куэдкIэ дызэрыщыгугъыр щIагъыбзэу зыщIэлъа ди шеибжьэ уэршэрым и хъыбарыр.
Зигу зэрыгъуэтыжа
Гугъуэт Заремэ деж
Гъатхэр анэш пщIантIэжьым изогъэщхь -
Уи жагъуэ зэи зымыщIыфыну дыгъэр
ГугъэщIэкIэ уи нэкIум къопэщэщ,
И тыгъэхэм пхъуантэмэ къакIэрихыу.
Жьы хъуащ дунейр. КIэрахъуэурэ еша
ЩIы щхъуэкIэплъыкIэр бысым
Iущ зыхуэхъухэм
Зы упщIэм и жэуапкъэ къетхуэкIар:
Насыпыр сыт тфIэфI защIэм
щIемызэгъыр?
Псэ зэрысIутым къыстрилъхьэр сыт?
Бэлыхь? Къалэн? Сэ къыхэсха
цIыху дапщэ
Си гъуэгум къытехьэну и щхьэ хуит?
Зыгуэр зэрытекIыжыр хэт зи лажьэр?
Щхьэж и жэуапыр езым и хъыбарщ.
Сысейр ууейм зэрытемыхуэм щхьэкIэ,
Щхьэ зым адрейр гъуэщауэ дгъэува?
Мыр - лъабжьэщ, мор - къудамэщ,
хэти - щхьэкIэщ.
Гудзакъэ зиIэм ищIэкъым хьэзаб,
Псэр зыгъэсэхъум зыми
хуищIкъым фIыщIэ.
Ухыгъэр зи фэм дэхуэу хахуэ хъуар,
Тхьэм жиIэмэ,
хабжэнукъым дзыхьмыщIхэм.
Уи дамэр Iэт! НэхъыфIыр къыппэщылъщ.
Узыпсыхьа дыжьыныр тхыдэм хэпхъи,
Нобэрей дыщэр гущIэм щыгъэпщIыпщI,
ЗэгъащIэ: мынэхъыфIу зыри къэхъукъым.
Уи псалъэхэдэм мыщIэ къыхэпхар
Псэ ущхъуэнтIам еIэзэ хущхъуэ гуакIуэщ.
Ар фIылъагъу куум къызэрыхуигъэщIар
ЯщумыгъэгъупщэхукIэ, уусакIуэщ.
ЧЭРИМ Марианнэ.