|
|
ГъуазджэмкIэ еджапIэм зеубгъу
14 октября, 2025 - 06:03
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Зеикъуэ къуажэм мы махуэхэм щагъэзащIэ щэнхабзэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьыным пыщIа, мыхьэнэ ин зиIэ пэхуэщIэр: сабийхэр гъуазджэм щыхуагъасэ еджапIэм унэщIэ къыбгъуращIыхь. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Унагъуэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Ар хуэунэтIащ унагъуэхэм ядэIэпыкъунымрэ сабийхэм я зыужьыныгъэм шэсыпIэ хуэхъун Iэмалхэр къызэгъэпэщынымрэ.
ИджыпстукIэ ухуэныгъэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъауэ блынджабэхэр дращIей. Абы къыдэкIуэу, унэжьыр зыхуей хуагъазэ, къагъэщIэрэщIэж. Мурад щыIэщ мы илъэсым и кIэхэм ирихьэлIэу а лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну.
Мы пэхуэщIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийхэр гъуазджэм дегъэхьэхынымкIэ, абы и щэхухэр егъэщIэнымкIэ, я Iэзагъэм хэгъэхъуэнымкIэ.
НэгъуэщI хъыбар гуапэхэри щыIэщ: «Щэнхабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Зеикъуэ къуажэм гъуазджэмкIэ и еджапIэм мы махуэхэм къыIэрыхьащ макъамэ Iэмэпсымэ ехьэжьахэр – пианинэ, пшынэ, накъырэ, бэрэбан сыт хуэдэхэр, псори зэхэту сом мелуани 4-м нэблагъэ я уасэу. Апхуэдэуи, еджапIэм къратащ къафэм зыхуагъэсэным хуэщIа Iэмэпсымэхэр, сурэт щIыным дихьэххэм папщIэ - егъэджэныгъэ пособиехэр.
«Творчествэ и лъэныкъуэкIэ сабийхэм заужьынымкIэ ар лъэбакъуэфI дыдэщ. Къэрал программэм и фIыгъэкIэ, ди еджакIуэхэм макъамэм и щэхухэр къащIэфынущ, а IэщIагъэм ирилажьэхэм хуэдэу, нэхъыбэжми тригъэгушхуэу. Ди гугъэщ ди унэтIыныгъэхэмрэ мастер-классхэмрэ зедгъэубгъуну, сабий зэчиифIэ нэхъыбэ къызэщIедгъэубыдэфын щхьэкIэ», - жиIащ гъуазджэмкIэ еджапIэм и унафэщI Жылау Арсен.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
|
|
16.05.2026 - 09:03 КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр. |
|
|
16.05.2026 - 09:03 ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы |
|
|
15.05.2026 - 15:02 УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42 |
|
|
15.05.2026 - 09:03 Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм. |
|
|
15.05.2026 - 09:03 ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджыблагъэ ди республикэм щызэхашащ. |
|