ЕгъэджакIуэхэм я щIыхькIэ

ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэм, ГъэсакIуэм, Курыт щIэныгъэм, ЩIэныгъэ гуэдзэным я лэжьакIуэхэм я махуэхэм теу­хуауэ республикэм Iуэхугъуэ дахэхэр щекIуэкIащ. КъБР-м и Къэрал Музыкэ театрым щагъэлъэпIащ егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр.

Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, КъБР-м и Правительс­т­вэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэ­шрокъуэ Залым, респуб­ликэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, районхэмрэ къалэ округ­хэмрэ я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ.
Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къе­джащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек и фIэхъус тхыгъэм. Апхуэдэуи егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэм я зэ­пеуэхэм 2025 гъэм щытекIуахэмрэ къы­щы­хэ­жаныкIахэмрэ яритыжащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр зы­хуагъэфэщахэм я щIыхь тхылъ­хэр. 
Егоровэ Татьянэ депутатхэм къабгъэдэкIыу ехъуэхъуащ зи махуэр зыгъэлъапIэхэм: «Дэтхэнэри еджакIуэу дыщытащ, дэтхэнэми ди гум къинащ ди егъэджакIуэфIхэр. ЦIыхум и гъуэгуа­нэр куэдкIэ елъыта мэхъу и сабиигъуэм зыщIэса дерсхэм къыщIиха Iущыгъэхэм. ЕгъэджакIуэм и къалэнхэр куэд ды-       дэ мэхъу - щIэблэм щIэныгъэ          ябгъэдилъхьэным къыдэкIуэу,    ар йогугъу ди сабийхэм цIыху нэс къа­хэкIыным, хабзэ, щэнхабзэ яхэлъхьэным. Ар къалэн тыншкъым. ТхакIуэ икIи философ гуэрым жиIэгъауэ щытащ: «НэгъуэщIыр ебгъэджэн папщIэ, акъыл нэхъыбэ ухуейщ уэ езыр уеджэным нэхърэ». ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм и гугъуагъыр абы къигъэлъагъуэу къысщохъу. Ауэ гугъуехь псори гуныкъуэгъуэхэри щIыбагъкIэ къонэ еджакIуэхэм я нэхэр лыду щыплъагъукIэ, абы­хэм я ехъулIэныгъэхэмрэ текIуэ­ныгъэхэмрэ уащыкIэлъыплъкIэ.
Мыпхуэдэ дакъикъэхэм уи гум къокIыж Менделеев Дмитрий и псалъэхэри: «ЕгъэджакIуэм и щхьэр езыгъэIэтыр и гъэсэнхэрщ, абы хиса жылэхэм зэры­заужьыр щилъагъукIэщ». Нобэ дыщопсэу зэхъуэкIыныгъэхэр псын­щIэу къыщыхъу зэманым, шэч хэмылъуи, ди къэралым и къэкIуэнур куэдкIэ елъытащ школымрэ егъэджакIуэмрэ. Аращ иджыпсту мы IэнатIэм гулъытэ иIэн щIыхуейр. Къэбгъэлъа­гъуэмэ, иджыпсту школыщIэхэр, гъэсапIэхэр ухуэнымрэ ахэр зы­хуей хуэгъэзэнымрэ щIэгъэхуэбжьауэ йогугъу, зэрырагъаджэ Iэмалхэмрэ жыпхъэхэмрэ ирагъэфIакIуэ, егъэджакIуэхэм я Iэзагъэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэм зра­гъэужь. ФIыщIэ фхудощI ди егъэджакIуэ лъапIэхэм».
Егоровэ Татьянэ щхьэхуэу за­хуи­гъэзащ егъэджэныгъэм и ветеранхэм: «Куэдым ноби я гуащIэ ирахьэлIэ щIэблэр гъэсэным, IэщIагъэм зэрыхуэпэжымкIэ егъэ­джакIуэ ныбжьыщIэхэм щапхъэ яхуэхъуу. Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу дэтхэнэми сыны­вохъуэхъу узыншагъэ быдэ, къару мыкIуэщI фиIэну, фи гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэ куэд флъа­гъуну».
Егоровэ Татьянэ КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр зы­хуагъэфэщахэм яритыжащ. Ахэр Прохладнэ районым сабий творчествэмкIэ IэнатIэм и егъэджакIуэ Андросовэ Еленэ, Шэ­джэм къалэм и курыт школ №3-м и унафэщI Iэрыпщэ Татьянэ, Iуащ­хьэмахуэ районым и щIыпIэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и методикэ кабинетым и унафэщI Бапинаевэ Элинэ сымэщ. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ФIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ Бахъсэн къалэм и курыт школ №2-м урысыбзэмрэ  литературэмкIэ и егъэджа­кIуэ ДыщэкI Джульетэрэ Дзэ­­лыкъуэ районым и Малкэ къуа­жэм дэт курыт школ №2-м информатикэмкIэ и егъэджакIуэ Къып Мухьэмэдрэ. 
ЕгъэджакIуэхэм я пшыхьыр республикэм и артист пажэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ ягъэдэхащ. 
КъБР-м и Парламентым и
 пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.