Арэзы зытехъуэ IуэхущIафэхэр

Мы махуэхэм Налшык къалэм щекIуэкIащ СВО-м и ветеранхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Хэкум и хъу­макIуэхэм я Кубок» щIыналъэ зэхьэзэхуэр. Ар къыщызэIуахым республикэм хьэщIэ лъапIэхэр щыIащ.

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хуэзащ Урысейм и ­Паралимп комитетым и унафэщI, Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыхь зиIэ и тренер, Урысей Федерацэм и Президентым деж Физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьынымкIэ щыIэ Советым зи узыншагъэм къимыхьхэм ятещIыхьа спортым зегъэу­жьынымкIэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэр зыхэт и комиссэм и унафэщI Рожков Павел.
Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым хьэщIэм фIыщIэ ­хуи­щIащ щIыналъэхэм спортым зэры­зыщиужьым и нэIэ зэрытригъэтым ­папщIэ. 
- КъБР-м и Парламентым гулъытэ ­хэха хуещI зи узыншагъэм къимыхьхэм я спортыр щIыналъэм щегъэ­фIэ­кIуэным. Илъэс куэд хъуауэ ди нэIэ тетщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ спорт-адаптивнэ школым икIи дыхущIокъу ди ­щIалэхэр зэпеуэхэм хуэгъэхьэзырынымкIэ щIэгъэкъуэн да­зэрыхуэхъуным, - жиIащ Егоровэм. - Мы Iуэхум епхауэ нобэ щыIэ гугъу-ехьхэми дыщыгъуазэщ, абы къыхэкIыу къалэн зыщыдощIыж зи узыншагъэм сэкъат иIэхэр спортым хэтыфын хуэ-дэу Iуэхугъуэ псори муниципалитет-  хэм щызэтедублэныр. Ди жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ, лэжьыгъэр мэкIуатэ. Икъу­кIэ мыхьэнэшхуэ идот дзэ Iуэху хэхам хэтхэр мы лэжьыгъэм къыхэшэным, икIи ди дежкIэ пщIэшхуэщ «Хэкум и ­хъумакIуэхэм я Кубок» зэпеуэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIыну къызэрыхахар. 
Рожков Павел жиIащ паралимп спортыр егъэфIэкIуэным Къэбэрдей-Балъкъэрым хэлъхьэныгъэфI зэ­рыхуищIыр, дунейпсо зэпеуэхэр щеб­гъэкIуэкIыфынуи апхуэдэ зэфIэкI щIыналъэм зэрыбгъэдэлъыр. 
ХьэщIэр яхуэзащ КъБР-м и Парламентым и Президиумым хэтхэми. ­«Хэкум и хъумакIуэхэм я Кубок» зэ­хьэзэхуэм и мурад нэхъыщхьэу къагъэлъэгъуащ дзэ Iуэху хэхам и вете­ранхэр жылагъуэ гъащIэм хэшэныр, зи узыншагъэм къимыхьхэм ятещIыхьа спортым зегъэужьыныр, щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ ар къэгъэ­сэбэпыныр. Рожков Павел жиIащ дзэ Iуэху хэхам зэрыщIидзэрэ зи унафэщI комитетым и лэжьакIуэхэр щIэх-щIэ­хыурэ сымаджэщхэмрэ узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж IуэхущIапIэхэмрэ зэ­рыкIуэр, лIыхъужьхэм зэрепсалъэр. 
- Гупым хэтщ Афганистаным, Кавказ Ищхъэрэм, Осетие Ипщэм, Сирием щекIуэкIа дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм я ­ветеранхэр, фэбжь ягъуэтахэм емы­лъытауэ ехъулIэныгъэхэр зыIэры­зы­гъэхьа спортсменхэр. Шэч хэмылъу, ахэр щапхъэ яхуохъу СВО-м хэтхэм. Дыщогугъ едгъэкIуэкI Iуэхухэр щIэгъэкъуэн хъуну, зи узыншагъэм къимыхьхэм я спортым зиужьынымкIэ, абы жылагъуэ, къэрал гулъытэ игъуэ­тынымкIэ. Къапщтэмэ, иужьрей зэманым къэралым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI абы теухуауэ, - жиIащ хьэщIэм. 
Рожков Павел дыщIигъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым епха гукъэкIыжхэр зэриIэр. «Си щIалэгъуэр епхащ алыдж-урым бэнэкIэм. 1990 гъэхэм Физическэ щэнхабзэмкIэ институт нэхъыщхьэм къыщызэIуахауэ щытащ бэнэкIэмкIэ центр. Абы къакIуэрт къэрал псом я спортсмен ахъырзэманхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэри яхэту. Абыхэм ящыщт Къардэн Мурати. Апхуэдэ гъэсэныгъэм пхыкIа куэд олимп чемпион хъуащ», - жиIащ абы. 
ХьэщIэм дыщIигъуащ «Хэкум и хъу­макIуэхэм я Кубок» зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIыну ауэ сытми къызэрыхамыхар. «Мы зэпеуэр фи деж къыщIэтхьар IэщIагъэлI пажэ­хэмрэ иджырей мардэхэм тет спорт IуэхущIапIэхэмрэ фызэриIэрщ. Зи узын­шагъэм сэкъат иIэхэр спортым зэ­рыхэтыфыну Iэмалхэр къызэгъэпэ­щыныр къэралым и Iэтащхьэм къыт­хуигъэува къалэнышхуэщ. А лэжьыгъэм адэкIи пытщэнущ», - жиIащ Рожковым. 
Паралимп комитетым и унафэщIыр тепсэлъыхьащ, политикэ щытыкIэм къыхэкIыу, Паралимп джэгухэм урысей спортсменхэр хамыгъэтыну лъэпощхьэпо къазэрыхуэхъуми абы и IуэхукIэ зэлэжьхэми. 
ЗэIущIэм и кIэм Егоровэ Татьянэ хьэщIэм саугъэткIэ хуэупсащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.