Абхъазым и утыкум жэпуэгъуэм и 3-5-хэм щекIуэкIащ шхыныгъуэхэр щащэ «Яблочный джем» фестивалыр, Налшык къа-лэ администрацэмрэ «Платформа» институтымрэ, «Туризм и индустрия гостеприимства» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу къызэрагъэпэщар.
Фестивалыр 2019 гъэм ирагъэжьащ. Абы щыгъуэм Урысей псом рекорд щагъэуват: утыкум мыIэрысэм къыхэщIыкIа «алэрыбгъу ирадзат» и кIыхьагъыр метр 50, и бгъуагъыр метр 20 хъууэ. Ар ягъэхьэзырын папщIэ мыIэрысэ 175 440-рэ къагъэсэбэпащ. Нэгъабэ къызэрагъэпэща фестивалым хыхьэу ягъэуват мыIэрысэм къыхэщIыкIа арт-объект зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм язт «Сосрыкъуэ» шхапIэм и теплъэр. Мы гъэм нэхъыбэу ягъэлъэгъуащ шхыныгъуэ, ерыскъыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэмрэ.
Фестивалыр жэпуэгъуэм и 3-м пщыхьэщхьэм ирагъэжьащ Рено Жан и «Шеф» кинофильмымкIэ. Абы зыкърезыгъэхьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ Абхъаз Республикэм къикIа TEMOxShiri уэрэджыIакIуэ гупым.
Жэпуэгъуэм и 4-м сыхьэт 11-м щIидзэу зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм пащащ. Хабзэ хъуауэ, абы щагъэлъагъуэ шхапIэхэм, пщафIэ Iэзэхэм ягъэхьэзыр лъэпкъ шхыныгъуэхэр, мыIэрысэм къыхэщIыкIа варенэ, джем, пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуа-хэр (чипсхэр), хьэлывэхэр, ерыскъыпхъэхэр къыщIэзыгъэкIхэм ягъэхьэзыр (гъэшхэкIхэр, фо лIэужьыгъуэхэр), IэфIыкIэхэр, псы IэфIхэр, махъсымэхэр. Абы зыкърезыгъэхьэлIахэм Iэмал яIащ я щхьэм щхьэкIи, саугъэт папщIэуи зыхуейр къащэхуну. Лъэпкъ шхыныгъуэ лIэужьыгъуэхэри куэду япщэфIат, джэшлыбжьэ, джэш шыпс, шхынгъур, зэкIэрыс, хьэлыуэ, тхъурыжь, хъыршын, кофе, шей жыпIэми. Къалэм языныкъуэ и шхапIэхэм щапщэфI ерыскъыгъуэхэри ягъэлъэгъуащ. Зэхуэсахэр еплъащ а псом я IэфIагъыр зыхуэдэм.
Фестивалым папщIэ къызэрагъэпэщат ди щIына-лъэм, къэралым я пщафIэ нэхъ Iэзэхэм ящыщхэм я лекцэхэмрэ мастер-классхэмрэ. Лъэпщ Заремэ, ДыщэкI Мухьэмэд, Усманов Кенгес, Мокаевэ Гульнарэ, Габуев Аслъэн, Бекъшокъуэ Саидэ сымэ ягъэхьэзыра шхыныгъуэхэм зэхыхьэр нэхъри щIэщыгъуэ ящIащ. Абы зыкърезыгъэхьэлIахэр кIэлъыплъащ пхъэщхьэмыщхьэхэм, хадэхэкIым, лыхэ-кIым шхыныгъуэхэр къызэрыхащIыкIым.
IэпщIэлъапщIэхэм цIыхухэр щагъэгъуэзащ хьэпIацIэщыгъэ блэным, мывэ лъапIэхэм къыхэщIыкIа цIуугъэнэхэр гъэхьэзырыным и щэхухэм. Езыхэм хьэзырыххэу къыздаша щыгъэхэм, Iэпщэхъухэм, Iэлъынхэм, сумкэхэм, бохъшэхэм я жармыкIи зэхэтащ. Гуапэт адыгэбзэр хъумэным хуащIа открыткэхэр, зыгуэрым узэрыхуэупсэ хъу-ну хьэпшып цIыкIуфэкIухэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр. Шырыхъу Тамарэ егъэхьэзыр фэм къыхищIыкIа тхылъдэлъхьэхэр, Iэпщэхъухэр, IункIыбзэIуххэр зэребгъэубыд брелокхэр, бохъшэхэр, нэгъуэщIхэри. ГъэщIэгъуэн тщыхъуащ языныкъуэ адыгэ тхакIуэхэм я тхылъхэм я цIэхэр, псалъэжьхэр абыхэм зэрытритхар, адыгэ тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ, уеблэмэ ди лъэпкъым и ныпыр зэрытрищIыхьар. И IэщIагъэкIэ экономистми, илъэситху ипэкIэ дэзыхьэха мы Iуэхур лэжьыгъэ нэхъыщхьэ хуэхъуащ.
Апхуэдэу, фестивалым щIэупщIэ щиIэт Жулабовэ Мунирэ лъэпкъ тхыпхъэхэмрэ дамыгъэхэмрэ къигъэсэбэпурэ пхъэм къыхищIыкIа, зэманым декIуу къигъэщIэрэщIэжа тхьэгъухэм, Iэлъынхэм, Iэпщэхъухэм, щхьэц- хэIухэм. Мунирэ мы Iуэхум зэрыдихьэхрэ илъэситху мэхъу. Абы зэрыжиIамкIэ, и лэжьыгъэхэр Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужыгъуэхэм щыщхэм ящэху, Интернетым и социальнэ сайтхэмкIэ ахэр зэбгрегъэкI.
Фестивалым хэтахэм псом хуэмыдэу ягу дыхьащ удз гъэгъа теплъэ зиIэ IэфIыкIэхэр. Иджыпсту куэд зыщIэупщIэ хъуа мы саугъэт папщIэхэр зыгъэхьэзырхэри Iуэхум жыджэру хэтащ. ЦIыхухэр зыгъэгуфIэ дахагъэхэм ящыщ зыт ахэри. АдэкIэ щыплъагъурт Новопавловск къалэм щыщу фестивалым кърагъэблэгъа Захарушинэ Аннэ и гуащэ хьэлэмэтхэр. Абы жиIащ «Плюшевая лепка» зыфIища и лъэщапIэм гуащэхэр илъэс 20-м нэблэгъауэ зэрыщигъэхьэзырыр, и IэдакъэщIэкI фэилъхьэгъуэхэмкIи ахэр зэрихуэпэжыр, балигъхэмрэ сабийхэмрэ папщIэ мастер-классхэр зэрыригъэкIуэкIыр, Урысейми, дунейпсо фестивалхэми и лэжьыгъэхэр зэрыщигъэлъагъуэр, коллекционерхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ ахэр зэрызэхуахьэ-сыр, мы IэщIагъэм ныбжьыщIэхэр зэрыхуигъасэр.
Къалэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ ягу ирихьащ Аб- хъаз Республикэм и «BLIZKEY» гупым и концертым хыхьэу ягъэзэщIа уэрэдхэр. Ахэр гуапэу зэрырагъэблэгъамрэ Iэгуауэшхуэ зэ-рыхуаIэтамрэ зэрыщыгуфIыкIар, Налшык къэкIуэну зэрафIэфIыр къыхагъэщащ гупым хэтхэм. Сабийхэм папщIэ нэгузыужь джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэри щхьэхуэу екIуэкIащ. Апхуэдэу цIыкIухэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ «Ларамбла» уэрам театрым и артистхэм ята концертхэр.
Зэхыхьэм къигъэлъэгъуащ республикэм и щIы гектар мин бжыгъэхэм мыIэрысейхэр зэрыщагъэкIыр, бжьыхьэм мыIэрысэ берычэт къызэрыпачыжыр, абы щIыналъэм исхэр зэрыригушхуэр. Апхуэдэуи гуапэщ пщафIэ Iэзэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ дызэримымащIэр.
Гу зылъыптэращи, фестивалым кIуэ пэтми зеубгъу, нэхъ щIэщыгъуэуи къызэрагъэпэщ, хьэщIэхэм я бжыгъэми хохъуэ. Хабзэ хъуа «Яблочный джем» фестивалыр щIызыхашэм и зы щхьэусыгъуэщ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм унагъуэхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр зэхуэзэныр. Абы и лъэныкъуэкIэ зэхыхьэ гуапэр зи жэрдэмхэм я къалэныр къехъулIащ. МахуищкIэ екIуэкIа фестивалым къалэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зыщагъэпсэхуащ, я нэгу зыщрагъэужьащ. Балигъи сабии мы зэхыхьэр фIыуэ ялъэ гъуащи, етIанэгъэ зэрекIуэкIынум зэрыпэплъэнум шэч хэлъкъым.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.