Республикэм и егъэджакIуэ пажэхэм ящыщхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм щагъэлъэпIащ. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэрагъэпэща а Iуэхур ирырагъэхьэлIащ ЕгъэджакIуэм и махуэм.
КъБР-м и егъэджакIуэхэм щехъуэхъуа зэхуэсым къекIуэлIащ хэгъэгум и курыт школхэмрэ пэщIэдзэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт сабий садхэмрэ я унафэщIхэр, гъэсакIуэ-егъэджакIуэхэр, жылагъуэм щыщхэр, къулыкъущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, зэIущIэр къыщызэIуихым, егъэджакIуэхэм гъащIэм щагъэзащIэ къалэныр зэрыин дыдэр къыхигъэщащ.
- Фи дежщ къыщыщIидзэр къытщIэхъуэ щIэблэр жылагъуэм хэзагъэу тэмэму гъэса хъунымрэ дэнэ лъэныкъуэкIи къащыхуэщхьэпэну пэщIэдзэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтынымкIэ лэжьыгъэшхуэмрэ. Фэращ къэкIуэнум и лъабжьэр абыхэм яхуэзыгъэтIылъыр. Пэжщ, къэралым илъэс бжыгъэкIэ яхуэфащэ гулъытэ щызымыгъуэтахэм егъэджакIуэхэри ящыщщ. Ауэ, зэхъуэкIыныгъэщIэу мы зэманым къэунэхуахэм ятетщIыхьмэ, мы Iуэхуми фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжым шэч хэлъкъым, - жиIащ Федченкэ Людмилэ.
Кърагъэблэгъахэм хъуэхъу псалъэ дахэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ Туменов Мурадин. ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр абы иригъэщхьащ унэщIэм и ухуэкIэ хъунур архитекторым зэрызэтригъэпсыхьым.
- Фи гуащIэдэкIым къыпэкIуэр зыхуэдизыр тыншу къахуэпщытэхэм ящыщкъым. ЩIэблэщIэм, и цIыкIугъуэм къыщыщIэдзауэ, гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ ябгъэдэзылъхьэхэм фрапажэщ. Джэлэсу яхэвгъэпсыхьырщ абыхэм тегъэщIапIэу яIэнури, - къыхигъэщащ Туменовым.
ЕгъэджакIуэхэм псалъэ гуапэхэр яжезыIахэм ящыщщ Урысейм ЕгъэджэныгъэмкIэ и академием (РАО) и академик, республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт Къарэмырзэ Барэсбий.
- Дэтхэнэ зы егъэджакIуэри, къанэ щIагъуэ щымыIэу, ди сабийхэм я деж зыкъыщызэкъуэзых дуней псо ирокъу. Зэманым къазэрыхуигъэуву, я щIэныгъэм зэпымыууэ хагъэхъуэн зэрыхуейм и мызакъуэу, мы IэнатIэм пэрытхэр я лэжьыгъэм хуэпэжу, уеблэмэ, псэемыблэжу зэрыщытыпхъэри гурыIуэгъуэщ. Аращ абыхэм я лэжьыгъэр пщIэ нэхъ зыхуэщIыпхъэхэм щIыхалъытари, - жиIащ Къарэмырзэм.
Урысей Федерацэм и Президентым деж къыщызэрагъэпэща, лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ советым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, къыхигъэщащ къэралыр зэпIэзэрыт щытыкIэм изыгъэт гупсысэкIэ тэмэмыр къытщIэхъуэ щIэблэм яхэпщэнымкIэ егъэджакIуэ-гъэсакIуэхэм я лэжьэкIэ-Iуэху бгъэдыхьэкIэм мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр.
- Фэ ныбжьыщIэхэм ауэ сытми щIэныгъэ ябгъэдэфлъхьэ къудейкъым, атIэ адэкIэ хьэл-щэну яхэлъынури дуней еплъыкIэу яIэнури фоубзыху, - жиIащ абы, егъэджакIуэхэм фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэ цIыкIухэмкIэ щегуэпылIэм.
- Нобэ, ди къэралыр гугъуехь мыухыжхэм щыхадза зэманым, фэ, егъэджакIуэхэм, фи лэжьыгъэм и пщIэр нэхъри нэхъ лъагэ зэрищIам шэч къытетхьэркъым. КъытщIэхъуэ щIэблэр я гупсысэкIэр узыншэу, хэкупсэу къэгъэхъуным мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр къывгурыIуэкIэрэ, дэтхэнэ фи дерсми къыщыхывогъэщ щIалэгъуалэми, балъигъхэми тхуэдэу, дзэ Iуэху хэхам хэт ди лIыхъужьхэм я Iуэху даIыгъын зэрыхуейр, дызэкъуэтмэ, Урысей Федерацэм къэкIуэну дахэ зэриIэнур, - жиIащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм Хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмрэ ветеранхэм защIэгъэкъуэнымкIэ и комиссэм и унафэщI, ЛIыгъэм и орденыр зрата Абэнокъуэ Владимир.
ЗэIущIэм хэта езы егъэджакIуэхэми КъБР-м и Жылагъуэ палатэм фIыщIэ хуащIащ, я лэжьыгъэм пщIэ хуащIу, илъэс къэс мыпхуэдэ зэхыхьэ гуапэхэр къызэрызэрагъэпэщым папщIэ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.