Нэхъ тынш хуащI![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм ипотекэкIэ псэупIэ зыухуэнухэм я Iуэхухэр нэхъ тынш хъуащ. Дызэрыт илъэсым фокIадэм и 23-м щегъэжьауэ УФ-м и щIыналъэ зыбжанэм, ди республикэри хэту, программэщIэхэр къыщыхалъхьащ абы теухуауэ. Ар ягъэзэщIэнущ эскроу-счет Iэмалыр къагъэсэбэпу е нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, псэупIэ зыухуэнум е къэзыщэхунум банкым счет щхьэхуэу къыщызэIуихынущ икIи и ахъшэр абы игъэкIуэнущ, ухуакIуэхэм занщIэу ар яримыту. Ухуэныгъэр езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэм ирищIылIа зэгурыIуэныгъэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэр тэмэму игъэзэщIауэ щытмэ, псэупIэм ехьэлIауэ дагъуэ щымыIэмэ, банкым ахъшэр ухуакIуэхэм яритынущ. Ауэ ныкъусаныгъэ, мыарэзыныгъэ гуэрхэр Iуэхум къыхэкI хъумэ, ахэр ямыгъэзэкIуэжауэ ахъэшэр ипIэм ирагъэкIынкъым. Япэм ипотекэкIэ псэупIэ къэпщэхуным гугъуехь куэд пыщIауэ щытащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, банкым ахъшэ къуитын папщIэ, щIыр е унэ къебгъэжьар абы къыхуэбгъэнэн хуейт, ухуэныгъэ езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэми, апхуэдэ лэжьыгъэхэр иригъэкIуэкIыну хуит зыщI аккредитацэ зимыIэ IуэхущIапIэххэм зэгурыIуэныгъэххэр иращIылIэртэкъым. лэжьыгъэм пэрагъыхьэну хуиттэкъым. Iуэхур къалъахъэрт абыхэм. ПсэупIэ зыухуэнум щIы иIэтэкъым, япэ къэс IуэхущIапIэри ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм къыхэпшэ хъуртэкъым. Иджы Iуэхур нэхъ тынш ящIащ: ипотекэ къапщтэ хъунущ, абы пэбгъэувын фэтэр уиIэу щытмэ, ухуэныгъэ езыгъэкIуэкI IуэхущIапIэри аккредитацэм хуейжкъым. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








