КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жэпуэгъуэм и 2-м яIущIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ ветеранхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» егъэджэныгъэ Iуэхум пхыкIахэм.
Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, депутатхэр, щIыналъэ унафэщIхэр, министрхэр, районхэм я щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр.
Егъэджэныгъэ Iуэхур зытеухуар лIыхъужьхэр къэкIуэжмэ, IэнатIэ егъэгъуэтынырщ, къэрал политикэмрэ къэрал унафэр зэрызрагъакIуэмрэ хэгъэгъуэзэнырщ. Абы хэтынухэр мазэ зыбжанэкIэ къыхахащ, япэ гупым хэхуащ цIыху 31-рэ. Абыхэм я егъэджэныгъэр Iыхьиплу гуэшауэ щытынущ, япэр фокIадэм и 27-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 3 пщIондэ екIуэкIащ.
- Хэкур хъумэн хуей щыхъум, абы зыпэщIэвгъэкъуэн фIэкIа фэ нэгъуэщIым фегупсысакъым икIи икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэвгъэкIащ, - захуигъэзащ къызэхуэсахэм КIуэкIуэ Казбек. - Дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэ ди лIыхъужьщ, къэралым фызэрыхуэпэжыр фи гуащIэкIэ къэвгъэлъэгъуащ. Ди къалэну къызолъытэ нобэ фи зэфIэкIым хывэдгъэгъахъуэу, къэрал, муниципальнэ IэнатIэхэм фыхуэдгъэхьэзырыныр. Дыхуейщ къэвгъэзэжа нэужь, жылагъуэ гъащIэм фыхэтшэну, цIыхубэм я сэбэп зыхэлъыр мыбдежи щыфхъумэну. Апхуэдэуи дыфщогугъ щIыналъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэфщIынымкIэ. Апхуэдэ пщэрылъхэр къытщищIащ Урысейм и Президент Путин Владимир.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЛIыхъужьхэр» щIыналъэ программэр «ЛIыхъужьхэм я лъэхъэнэ» президент Iуэхум пызыщэ лэжьыгъэу зэрыщытыр. «Мы егъэджэныгъэм хэтхэм я гъэсакIуэхэм деж къыщащIэнущ нобэ къэрал унафэр зэрызэрахьэ щIыкIэр. Апхуэ-дэ дыдэуи си фIэщ мэхъу, ди республикэм, къэралым я щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ СВО-м хэт ди щIалэхэмрэ ветеранхэмрэ я еплъыкIэр зыхуэдэр езы гъэсакIуэхэми зэрафIэгъэщIэгъуэнынур, - пищащ КIуэкIуэм. - Дауи, мыр дэркIэ IуэхущIэщи, абы и Iэмалхэр дяпэкIи едгъэфIэкIуэну ди мурадщ. Мыбдеж мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ фэ езым фи Iуэху еплъыкIэри къыдэвгъэщIэным. Зэгъусэу дызэдэлажьэмэщ ар къыщыдэхъулIэнур, сэбэп пылъу къыщытхуэгъэсэбэпынур. ТекIуэныгъэ яIэу дэтхэнэ ди щIалэри къэкIуэжыну ди плъапIэщи, зэрыхъукIэ зыфщIэдгъэкъуэнущ. Мы егъэджэныгъэр дэIэпыкъуныгъэ щыIэхэм я зы Iэмалу аращ, дыхуейщ фхуэфащэ лэжьыгъэрэ IэнатIэрэ вгъуэтыну. ЗэрыжысIащи, адэкIи абы теухуауэ дылэжьэнущи, лъагапIэ фызыщIэхъуэпсхэр къывэхъулIэну ди гуапэщ. ФIыщIэшхуэ фхудощI дзэ Iуэху хэхам хэт дэтхэнэ зауэлIми».
ЛIыхъужьхэм республикэм и Iэтащхьэм упщIэкIэ зыхуагъэзэну Iэмал щратым, къыхагъэщащ иужьрей илъэсипщIым республикэм зэрызиужьар зэралъагъур, абы щхьэкIэ щIыналъэ унафэщIхэм фIыщIэ зэрыхуащIыр. «Хэку дызыщыпсэум и гъащIэр зэпIэзэрыту зэрыщызэтеубларщ дэ дыкъызыкъуэгушхукIыр. Абы къыхэкIыу къэрал унафэщIхэм фIыщIэ фхудощI», - жиIащ зы лIыхъужьым. КIуэкIуэ Казбек абы и псалъэм пищэу, гулъытэншэу къигъэнакъым, щIыналъэр бэIутIэIуншэу, къызыхуэтыншэу псэуным япэ ита нэхъыжьхэм хуащIа хэлъхьэныгъэр, абыхэм яхузэфIэкIар ягъэбэгъуэным иджы езыхэр иужь иту зэрыарар.
ЛIыхъужьхэр щIэупщIащ республикэм и Iэтащхьэм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуам. «Сэ сызэреплъымкIэ, дэтхэнэ цIыхури псом япэу зыдэплъейр и адэ-анэращ. Ди адэм сыт щыгъуи зым дыщIипIыкIащ: цIыхур фIыуэ лъагъун зэрыхуейм. А хьэлыфIыр фэ дэтхэнэ зыми фхэлъу къызолъытэ, сыту жыпIэмэ, Хэкур, цIыхубэр фхъумэну фыкIуауэ аращ. Сыт хуэдэ IэнатIэ уIутми, щIыналъэ Iэтащхьэу ущытми, механизатор ахъырзэману, дэрбзэр Iэзэу улажьэми, узыпэрытым уи псэ хэплъхьэмэ, ар къэкIуэну щIэблэм къащхьэпэжынущ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
ЩIалэгъуалэм зрагъэужьыным хуэгъэзауэ щIыналъэм щызэфIагъэкIым и гугъу щащIым, республикэм и Iэтащхьэм жиIащ лъэпкъ Iуэхухэм къыщыгъэлъэгъуахэр ягъэзэщIэным хыхьэу, къэралыр къыдэкIуэтей щIэблэм дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъу лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэситхум зэрекIуэкIар. АбыкIэ щапхъэу къихьащ Налшык къалэм дэт ЩIалэгъуалэм и Унэм щекIуэкI лэжьыгъэр. «ЩIэблэщIэ къыдэкIуэтейр хэкупсэу къэхъун, абы зиужьыфын папщIэ мы зэманым къэралым зэфIигъэкIыр куэд мэхъу. 2025 гъэм и кIэм дэ ди мурадщ илъэс псокIэ лэжьэну «Эльбрус» щIалэгъуалэ лагерышхуэр къызэIутхыну. ЩIалэгъуалэр ди хабзэфIхэм щIэтпIыкIынырщ псом япэу дызэгугъур».
ЩIалэхэм КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ хуащIащ дзэ Iуэху хэхар здекIуэкI щIыпIэм щыIэхэм яIущIэну ар зэрыкIуам папщIэ, къыхагъэщащ ар гуапэу ягу зэрилъыр.
ЗэIущIэм щыжаIахэр къызыщыщIикъуэжым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ: «ЩIалэгъуалэр дымыгъасэмэ, сыт хуэдэ къэкIуэн иIэнур къэралым?! Нобэ гулъытэ щхьэхуэ хуэтщIын хуейщ бынунагъуэхэм. Нэхъыбэ дызэрыхъун, ди пщэдейр къызыфIэIуэху цIыхубэ къэтIэтын, узыншагъэр тхъумэн - ахэращ тегъэщIапIэу диIэн хуейр. Медицинэ Iэмалхэр едгъэфIэкIуэныр къытпэщылъщ. Сымаджэ хъуным нэдмыгъэсу, узыфэр къэтхутэу, цIы-хур зыкIэлъыдгъэплъыжыфу зэтедухуапхъэщ. Ауэ зи гугъу сщIахэр къыдэхъулIа нэужь, абыхэм щIэныгъэ ящIымыгъужмэ, абы щыгъуэми дыкIуэтэнукъым. Егъэджэныгъэ IэнатIэми Iэмал имыIэу зедгъэужьыпхъэщ. Пэжщ, абы и лъэныкъуэкIи ехъулIэныгъэхэр диIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, иужьрей илъэсихым къриубыдэу республикэм курыт школ 25-м нэблагъэ щыдухуащ, пщIы бжыгъэхэр зэдгъэпэщыжащ. АдэкIэ егъэджакIуэхэм защIэдгъэкъуэныр, дгъэгушхуэныр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Ди къарур зыхэлъыр лъэпкъхэм ди зэкъуэтыныгъэращ, дызэкъуэту ипэкIэ дызэрыкIуэтэнырщ къалэн зыщытщIыжын хуейр».
Егъэджэныгъэ Iуэхум хыхьэу, КъБР-м ЩIалэгъуалэм и IуэхухэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэмрэ «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэмрэ я дэIэпыкъуныгъэкIэ «Унагъуэм и махуэ» Iуэхур къызэрагъэпэщри, лIыхъужьхэм Iэмал яIащ я щхьэгъусэхэр, бынхэр, я благъэ-Iыхьлыхэр я гъусэу нэгузыужь зэмылIэужьыгъуэхэми хэтыну.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЛIыхъужьхэр» Iуэхур ягъэзащIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, «Эльбрус» университетым, РАНХиГ Президент академием къэрал зехьэкIэмкIэ и школ нэхъыщхьэм, «Россия - страна возможностей» IуэхущIапIэмрэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
БАГЪЭТЫР Луизэ.