КIэмпIарэ Марат къыпэлъэщын къахэкIакъым

ФокIадэм и 27 - 29-хэм Новосибирск къалэм и «Сыбыр Аренэм» щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ 4-нэ дунейпсо зэ­хьэзэхуэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­бэнакIуэ КIэмпIарэ Марат дыщэ медаль абы къыщихьащ. 

Килограмми 130-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ тэрч щIалэм финалым къыщыпэщIэтащ Белоруссием и спортсмен Зарубский Дмитрий икIи, и IэзагъкIэ ефIэкIыу, ар къыфIихьащ. КIэмпIарэм и тренерхэр КIыщ Муратрэ Щомахуэ Хьэжмуратрэщ. 
КIэмпIарэ Марат нэмыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм бэнакIуэ 11 щыIати, КъайцIыкIу Ахьмэд ди командэм иджыри зы медаль къыхуихьащ. Килограмм 77-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ар ещанэ щыхъуащ. ЩIалэм и тренерыр Гугъуэтыж Мухьэмэдщ. 
Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэр Совет Союзым и ЛIыхъужь Аксе­нов Александр и фэеплъу щытащ икIи абы щызэпеуащ Урысей Фе­дерацэм и щIыналъэхэм ящыщу 30-м, Азербайджаным, Ермэ­лым, Белоруссием, Ираным, Италием, Къэзэхъстаным, Кубэм, Къыргъызым, Таджикистаным, Тыркум, Узбекистаным я бэнакIуэ 260-рэ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, ди къэралым и командэм хэтащ УФ-м дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру 21-рэ, спортым и мастеру 107-рэ. 
 

КЪУЭЖЕЙ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.11.2025 - 09:06

Гъагъэ, ефIакIуэ, къуажэ махуэу Хьэтуей!

Лэскэн районым хыхьэ Хьэ­туей къуажэр ТэрчкIэ къиIэпхъу­кIыу Урыху псым и Iуфэм къы­-зэ­рытIысрэ илъэси 175-рэ зэры­рикъум иращIэкI махуэшхуэр жы­лэм Iэтауэ щрагъэкIуэкIащ.

06.11.2025 - 09:03

Ныбжьэгъугъэр щагъэлъапIэ зэхыхьэхэр

Урысейм ис лъэпкъхэр зэгу­рыIуэу, зэрылъытэу зэрыпсэум и нэщэнэщ Зэкъуэтыныгъэм и махуэр.

06.11.2025 - 09:01

Лъэпкъым и тхыди щэнхабзи зыхъумэ

Интернетым ВАТСАП-кIэ зэджэ и Iэмалым и фIыгъэ­кIэ сызыхыхьа гуп гъэ­щIэ­гъуэнхэм ящыщщ «Ди бзэ, ди псэ» жыхуиIэр.

05.11.2025 - 09:10

ГъащIэ узыншэм хуэгъэпсауэ

Бахъсэн районым и къуажэхэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным ехьэлIауэ щIыналъэ администрацэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр иужьрей илъэсхэм ирегъэкIуэкI, жылэхэм щыпсэухэр  спортым дегъэхьэхын, ахэр

05.11.2025 - 09:03

БищIомрэ Мамиймрэ я дыщэ медалхэр

Европэм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Словением и ­Краньскэ-Горэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ехъулIэныгъэфIхэр щы­зы­Iэрагъэхьащ: Урысей Федерацэм