КIэлъыплъыпхъэщ нэхъ ткIийуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ республикэ комиссэм и зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и аппаратым и  федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, республикэм и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, хабзэхъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, министрхэр. 

ЗэIущIэм къыщаIэтащ къэрал властым, самоуправленэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зегъэ­кIуэным, ахэр къемыгъэгъэсэбэпыным зэрыпэщIэт щIыкIэхэм ехьэлIа Iуэхухэр. Абыхэм я лъэныкъуэкIэ щIыналъэм щы­щыIэ щытыкIэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуащIащ  КъБР-м къэрал кIуэцI Iуэхухэм­­-кIэ министру щыIэ Крючков Вячеслав,   КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нистр Къалэбатэ Рустам, КъБР-м щIалэ­гъуалэ Iуэху­хэмкIэ и министр Лу Азэмэт,  КъБР-м егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м Наркотикхэм пэщIэ­тынымкIэ и комиссэм и унафэщI Шевченкэ Юрий, Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, Прохладнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ ­Ломов Максим сымэ. Абыхэм къыхагъэщащ наркотикхэр хабзэм къемызэгъыу зегъэкIуэным пэ­щIэтынымкIэ лэжьыгъэхэр щIыналъэм ­нэхъри щыщIэгъэ­хуэбжьапхъэу, Шына­гъуэншагъэмкIэ советым иубзыхуа, УФ-м  и Президентым щIигъэбыдэжа планхэм ­тету.
Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэм хэIущIыIу ящIащ наркотик къызэрагъэсэбэпам щхьэкIэ суд зытращIыхьахэм абы къахуигъэува къалэнхэр гъэзэщIэным зэрызэпы­Iуадзым, профилактикэ Iуэхухэм, я узыншагъэр зэтегъэувэжыным гулъытэшхуэ зэры­хуамыщIым  ехьэлIа хъыбархэр. 
Республикэм къихъуэ щIэблэр наркотикхэм щыхъумэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм. АтIэми, наркотикхэм япэщIэтыным зи лэ­жьыгъэр хуэгъэпса щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэм адэкIи нэхъ жыджэру зегъэужьын хуейщ. Апхуэдэуи лэжьыгъэм хэшапхъэщ а унэтIыныгъэмкIэ IэщIагъэлIхэр. А Iуэху­гъуэм гулъытэ хэха хуащIынущ, Интернетым и Iэмалхэр къагъэсэпу зэрыщытымрэ синтетикэ наркотикхэм я бжыгъэм нэхъри зэ­рыхэхъуэмрэ къэлъытауэ. А наркотик лIэу­жьыгъуэхэм зэранышхуэ къамыхьу жа­Iэурэ зыщэхэм къыхуагъэлъагъуэ япэу зэзыхьэлIэну мурад зыщIахэм. АтIэми ахэр узыншагъэмкIэ хуабжьу зэранщи, зэрыхъу­кIэ нэхъ ткIийуэ ахэр зегъэкIуэнми кIэлъы­плъыпхъэщ. Лэжьыгъэм апхуэдэу къешэ­лIэн хуейщ адэ-анэхэр, щIыналъэ, щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр. Яхуэзэн, епсэлъылIэн хуейщ ныбжьыщIэхэм, щIалэгъуалэм. А Iуэхугъуэхэр Бахъсэн, Прохладнэ щIыналъэхэм зэрыщрагъэкIуэкIым я гугъу ящIащ а щIыпIэхэм я пашэхэм. 
Зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ псоми яхуэгъэза унафэхэмрэ чэнджэщхэмрэ къыщащтащ зэIущIэм. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2026 - 09:03

Бэчмырзэ зэдагъэлъапIэ

ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.