Сатушы Мадинэ Токио кIуэным зыхуегъэхьэзыр

Тэмэму зэхэзымыххэр зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо комитетым къыбгъэдэкIыу УФ-м Сурдлимп джэгухэмкIэ и комитетым фокIадэм и I7-м хъыбар гуапэ къыIэрыхьащ - Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и спортсменхэр Японием и къалащхьэ Токио мы гъэм щекIуэкIыну джэгухэм ирагъэблагъэ. Ди тхэквондистхэр абы хэтынущ зыщыщ къэралыр къэмыгъэлъэгъуауэ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам спортсмен 36-рэ хэтынущ икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм яхэхуащ тхэквондомкIэ дуней псом и чемпион Сатушы Мадинэ. 
Сурдлимп джэгухэр Токио къалэм щызэхашэнущ щэкIуэгъуэм и I5 - 26-хэм икIи абы щызэпеуэнущ къэрал 70-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 3000-м щIигъу. Зэхьэзэхуэхэр спорт лIэужьыгъуэ 2I-кIэ екIуэкIынущ, медаль комплекту 2I2-рэ щагъэджэгунущ. 
Ди къэралым и командэ къыхэхам хэту Сатушы Мадинэ иджыпсту зэхьэзэхуэм зыхуегъэхьэзыр, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амир и гъусэу.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.06.2026 - 10:01

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

08.06.2026 - 09:33

Лъэпкъхэр зэрызэгурыIуэ Iэмал гъуэзэджэ

Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр щIэблэм я унэтIакIуэ нэсщ.

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр.