Лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ щытепщэ

Мы гъэм илъэс 22-рэ мэхъури ди къэралым щагъэлъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ­ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлI­хэмрэ я махуэр. Тхыдэм къыхэбелджылыкI ма­хуэшхуэхэм ящыщ хъуащ къэрал зыу­жьы­ныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iэна-тIэр, псом хуэмыдэу дызэрыт лъэхъэнэм. ЩIэблэр гъэсэныр, щIэныгъэм и лъагъуэм ­тегъэувэныр зи къалэн нэхъыщхьэ сабий IуэхущIапIэхэм я щытыкIэм иджыри зэ гу ­лъозыгъатэ а махуэшхуэр УФ-м щагъэуващ 2004 гъэм. А илъэсми ар япэу Iэтауэ щагъэ­лъэпIащ.
 
А махуэшхуэр фокIадэм и 27-м щIытрагъэхуам щхьэусыгъуи иIэщ. 1863 гъэм и апхуэдэ махуэм Петербург япэ дыдэу къыщызэIуахауэ щытащ илъэси 3 - 8-хэм ит сабийхэм папщIэ ­гъэсапIэ. ЦIыкIухэр зэрыщаIыгъым, зэрыщагъэ­джэгум къыдэкIуэу, абыхэм ирагъащIэрт тхэ­кIэрэ бжэкIэрэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм теу­хуа пэщIэдзэ щIэныгъэ иратырт. Урысейм и япэ сабий садхэр зыхуэщIауэ щытар унагъуэ къу-лейхэм я бынхэрат. Абыхэм я сабийхэр кIуэн ­папщIэ, адэ-анэм пщIэ щIатырт. 1868 гъэращ япэ пщIэншэ гъэсапIэр къыщызэIуахар. Петербург щаублауэ щыта апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм ­нэхъыфIу зыщиужьар ди къэралым Жэпуэгъуэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуа нэужьщ. 1918 гъэм къыщыщIэдзауэ гъэсапIэ IэнатIэхэр хъуащ къэралым иригъэкIуэкI егъэджэныгъэ политикэм и зы Iыхьэшхуэ. 
ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм ирихьэлIэу ди къэралым а IэнатIэмкIэ щызэтеуват дуней   псом цIэрыIуэ щыхъуа Iуэху зехьэкIэ пэрыт. А лъэхъэнэм екIуэкIа къэхъукъащIэхэм зэхъуэ­кIыныгъэ нэрылъагъухэр халъхьащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ псом. НэгъуэщI хъуащ абы и купщIэри, и теплъэри. Мы зэманым гъэсапIэхэм щызэфIах лэжьыгъэр хуэгъэпсащ махуэ къэс зызыхъуэж, зызыужь гъащIэм декIуфын, пэ­щIэдзэ щIэныгъэ, гупсысэ хэха, хьэл-щэн зэтет, я ныбжьым елъыта Iуэху еплъыкIэ зиIэ щIэблэ зэчиифIэ къэгъэхъуным. 
Ди экономикэр рынок зэхущытыкIэм щыхуэ­кIуагъащIэм, ди къэралым и сабий гъэсапIэ-     хэм ящыщ куэд зэхуащIыжауэ щытащ, приватизацэ ящIахэри ящэжахэри щыIащ. ЩытыкIэм зэуэ зихъуэжащ къэралым и гупэр егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ Iуэхум хуигъэзэжа нэужь. 2007 гъэм лажьэу щIидзащ УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щыта «Анэ мылъку» програм-мэм. Сабий нэхъыбэ къалъхуным цIыхухэр те­зыгъэгушхуэжа а программэм и IэужьыфIхэр нэрылъагъу хъуащ илъэс зытIущ дэкIа нэужь. Сабий садхэр зэпэубыда хъуащ, абыхэм кIуэну гукъыдэж зиIэ псоми апхуэдэ Iэмал ямыIэу. Мы зэманым а Iуэхур йофIакIуэ. Абы хуэгъэпсащ «УФ-м и егъэджэныгъэм теухуауэ» къэрал Хабзэр. Абы ипкъ иткIэ сабий псоми Iэмал иратын хуейщ гъэсапIэхэм кIуэну, абыхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщратын ­папщIэ. 
«Егъэджэныгъэ», «Демографие», «Псоми ди зэхуэдэ Iэмалхэр», 2025 гъэм яубла «ЩIалэ­гъуалэмрэ сабийхэмрэ» проектхэм, нэгъуэщIхэми япкъ иткIэ, къэралым хыхьэ субъектхэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу мылъку хуау­тIыпщ, сабий садыщIэхэр яухуэн, щыIэхэр зэрагъэпэщыжын папщIэ. Ди республикэм иджы щаухуа апхуэдэ гъэсапIэхэм ящыщщ Тэрч къалэмрэ Щхьэлыкъуэ къуажэмрэ дащIыхьа сабий садхэр. А IуэхущIапIэхэм псори зэхэту цIыкIу 280-м щIигъум егъэзыпIэ щагъуэтащ. Къыхэдгъэщынщи, 2025 гъэм къриубыдэу хьэзыр  ящIыну я мурадщ цIыхуи 140-м ятещIыхьа са-бий гъэсапIэщIэхэу Старэ Шэрэдж, Гундэлэн, Бахъ­сэн жылэхэм щаухуэхэр. 2030 гъэ пщIондэ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ сабий сад 200-м щIигъум я унэхэр. 
 Къэбгъэлъагъуэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым щолажьэ зи школ кIуэгъуэ нэмы­сахэм егъэджэныгъэ программэ хэхам тету ядэ­лажьэ гъэсапIэщIэхэр. Абыхэм щолажьэ щIэ­ныгъэ куу зыбгъэдэлъ, гудзакъэ зиIэ гъэса­кIуэхэр, егъэджакIуэхэр. Абыхэм я IэщIагъэм ­епха махуэшхуэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр мы зэманым щокIуэкI ди ­щIыналъэм. Апхуэдэщ гъэ къэс къызэрагъэ-пэщ «Илъэсым и гъэсакIуэ нэхъыфI» къэралпсо зэпеуэр. ГъэсакIуэ нэхъыфIхэм ябгъэдэлъ щIэ­ныгъэр, педагогикэ Iэзагъыр, зэфIэкIхэр наIуэ къы­щащI дерс зэIухахэр, я гъэсэн цIыкIухэр зыхэт зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр, нэгъуэщI Iуэ­хугъуэхэри къыщапщытэ абы, кърикIуахэри ­жэпуэгъуэ мазэм и пэщIэдзэхэм хэIущIыIу ящI хабзэщ. 
Зи щIэныгъэри зэфIэкIри щIэблэр гъэсэным тезыухуа цIыху псэ къабзэхэм фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ ди гуапэу дынывохъуэхъу. Гумрэ псэмрэ къыбгъэдэкI фи лэжьыгъэр псы­хэкIуадэ мыхъуу, фхуэфэщэн пщIэрэ гулъытэ- рэ жылагъуэм щывгъуэту Тхьэм фигъэпсэу. 
ЖЫЛАСЭ Маритэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.12.2025 - 09:03

Спортым щыхъыбархэр

КиокушинымкIэ зэпоуэ

12.12.2025 - 09:03

Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.

11.12.2025 - 09:03

Дылэжьэн хуейуэ ара къудейщ…

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр есэпымрэ биологиемкIэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуауэ Мэзкуу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа щIэнIуатэм

11.12.2025 - 09:03

ФСБ-м и унафэщIым иригъэкIуэкIащ НАК-мрэ ФОШ-мрэ я лэжьыгъэхэм 2025 гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа зэIущIэр

Заседание ФСБ