КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Дзэлыкъуэ районым. «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зэрызыщрагъэужьым.
Iуэхур я жэрдэмщ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и комитетитIым - ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, Законодательствэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэным и IуэхухэмкIэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и Президиумыр, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и унафэщIхэр, Дзэлыкъуэ районым и къэрал IуэхущIапIэхэм, къалэ округхэмрэ районхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр.
Псом ипэ къихуэу хьэщIэхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Дзэлыкъуэкъуажэ Хэкум и хъумакIуэхэм я утым ит «Фэеплъ блын» ухуэныгъэм икIи дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ щIыналъэм щыщу хэкIуэдахэм.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ хабзэубзыху IуэхущIапIэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьыным епха Iуэхухэр мызэ-мытIэу къызэрыщаIэтар, ауэ къуажэхэм щхьэхуэ-щхьэхуэу щызэфIагъэкIым зыщагъэгъуэзэным теухуауэ иджы япэу къызэрежьар. Абы жиIащ цIыху гъащIэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ, къапщтэмэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
- Ди къэралым и зыужьыныгъэм дыщытепсэлъыхькIэ, шэч хэмылъу, зи гугъу тщIыр цIыхум и узыншагъэмрэ абы зэрызедгъэузэщIынымрэщ. Сыт хуэдэ зэманми мыхьэнэ ин яIащ физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ. Нобэщи, ахэр сэбэп мэхъу цIыхум и Iэпкълъэпкъым зригъэужьынымкIэ, зэраныгъэ къыхуэзыхь, жылагъуэ псэукIэм къытекI хьэлхэр зыхригъэнынымкIэ. УФ-м и Президент Путин Владимир гъэ къэс Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэм къыщыхегъэщхьэхукI физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зегъэужьыным, къуажэхэм спорт ухуэныгъэхэр дэщIыхьыным гулъытэ хэха ягъуэтын зэрыхуейр, - жиIащ Егоровэм. Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ къэралым и Iэтащхьэм и пщэрылъкIэ зэраубзыхуар Урысей Федерацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ 2030 гъэ пщIондэ зэрызрагъэужьыным теухуа лэжьыгъэр.
Егоровэ Татьянэ жиIащ, къалащхьэм зэрыпэжыжьэми емылъытауэ, зытепсэлъыхь Iуэхур нэхъ щефIакIуэ щIыналъэхэм Дзэлыкъуэ районыр зэращыщыр, абы лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызиужьыр. ЩIыналъэм и ехъулIэныгъэхэми, республикэм и спорт IуэхущIапIэхэм зыхуагъэувыж къалэнхэми, лъэпощхьэпохэми, нэгъуэщI куэдми зэIущIэм щытепсэлъыхьащ. Абыхэм нэхъ убгъуауэ дыщыфхутепсэлъыхьынущ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм.