МурадыфIхэр яIэщ

2030 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэу мелуани 3-м щIигъу къыщагъэкIыну я мурадщ. Республикэм и мэкъумэш IэнатIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ жыгыщIэхэр щагъэхъу питомникхэм ди щIыналъэм зыщегъэу­жьыныр. НобэкIэ нэхъыбэу зэгугъур мыIэрысейхэрщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс жыгыщIэу мелуани 2,8-рэ къыщагъэкI. Иджы жыг хадэ зыгъэкIхэм къалэн зыщащIыжащ 2030 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр мел­уани 3,1-м нагъэсыну. ЖыпIэнурамэ, ди республикэм и мыза­къуэу, къэралым и адрей щIыналъэхэми щIэуп­щIэшхуэ щаIэщ абыхэм.
КъищынэмыщIауэ, пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэхэр щIыналъэхэм зэрыщагъэтIысым и псынщIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр УФ-м щынэхъыфIищым яхохьэ икIи къэралым ерыскъымкIэ и шынагъуэншагъэр къызэгъэ­пэщыным хэлъхьэныгъэфI ар хуохъу, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.  

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.