Шэрджэс пщащэр

Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу КъБР-м и Лъэпкъ ­музейм къыщызэIуахащ а IуэхущIапIэмрэ Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музеймрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща «Черкешенка. Гармония, изящество, стиль» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэ. 

Абы утыку къыщрахьащ ди эрэм ипэ къихуэ XII-VII лIэ­щIыгъуэхэм къыщегъэжьауэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэ хъуху адыгэ цIыхубзым и мэ зы­щыуа. И гупсысэ и лъэны­къуэкIэ убгъэдыхьэмэ, гъэ­лъэ­гъуэныгъэр IыхьитIу бгуэш хъунущ: археологие къэхутэ­ныгъэхэмрэ этнографие хьэп­шыпхэмрэ. Языхэзми къигъэлъагъуэр зэман-зэманкIэ­рэ бзылъхугъэм и щыIэкIэ-псэукIэм, и зыхуэпэкIэ-зыIыгъыкIэм зэрызихъуэжырщ. 
Археологие Iыхьэм и ку­рыхыр хухэхащ адыгэхэр къы­зытепщIыкIауэ къалъытэ ­меотхэм къахэкIа бзылъхугъэхэм. Дыщэм, дыжьыным, домбеякъым къыхэщIыкIа хьэпшыпу абыхэм къащIэ­нахэр хэлъщ гъэлъэгъуэныгъэм. Меотхэм я хьэпшыпу ди деж къэсахэм я нэхъыбэр домбеякъымрэ ткIуаткIуэ гъэжамрэ къыхэщIыкIащ. Гъэ­лъэгъуэныгъэм хэлъщ домбеякъ гъуджэ цIыкIухэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ­яхъуэурэ укъищыху ягъэцIууэ щытахэр. 
Этнографие Iыхьэм ди нэгу къыщIигъэувэр адыгэ бзы­лъхугъэр къыщалъхуам къы­щыщIэдзауэ жьы хъуху ищIэ-илэжьырщ. Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ ­музейм и гъэтIылъыгъэхэу бзылъхугъэхэм я IуэхущIа­фэхэр, я гъащIэр къадэзы­гъащIэ хьэпшып зэмылIэу­жьыгъуэхэр, лъэпкъ фащэ­-хэм я щхьэхуэныгъэхэр, зэ­рызагъэдахэ, IэпэIэсагъэм къигъэщI хьэпшыпхэр, унэ­лъащIэхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, цIыхухъу, цIыхубз, сабий фащэхэр, макъамэ Iэмэпсымэхэр, арджэн, шэнт, Iэнэ, хьэкъущыкъу хуэдэхэр, кхъуэщын кумбыгъэхэр, дыщэидэкIэ гъэдэха цIыхубз хьэпшыпхэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ Iэп­щэхъухэр, тхьэгъухэр. Абджым къыхэщIыкIа Iэлъыныр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейми, ди эрэм ипэ I лIэщIыгъуэм - ди эрэм и I лIэщIыгъуэм я кум и ныбжькIэ дэту къалъытэ ап­хуэдэ Iэлъыныр гъэлъэгъуэ­ныгъэм хэлъщ. 
ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа, Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс псалъэ яритри, зэIущIэм къыщыпсэлъащ ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщIхэу Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Жылэ Анатолэ, Црым Руслан, «Горянка» га­зетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ сымэ. Абыхэм фIэхъус ирахащ хьэщIэхэм икIи къаша хьэп­шыпхэр зэрафIэтелъыджэр, IуэхущIапIэр апхуэдэхэмкIэ зэрыбейр, хуэсакъыу ахэр зэрахъумэр къыхагъэщащ.
Адыгэ Республикэм и лъэпкъ музейм и унафэщIым и къуэдзэ Щоджэн Налмэс фIыщIэ яхуищIащ къаша хьэпшыпхэр зыфIэгъэщIэ­гъуэну къызэхуэса псоми. Зэ­IущIэм и кIэух Iыхьэу щытащ хьэпшыпхэм я тхыдэм, я ­хъыбархэм налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ щагъэ­гъуэ­зэныр. 
БЛИЙ  Даянэ. 
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите

09.11.2026 - 09:11

Къалащхьэм нэхъри зегъэужьыным теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и къалащ­хьэм адэкIи сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.

09.11.2026 - 09:10

ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ советым и зэIущIэ.

09.11.2026 - 09:08

Депутатхэр Шэрий Иналбэч йохъуэхъу

Тэрч щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ бэнэкIэ хуитымкIэ иджыб­лагъэ дунейпсо чем­пион­ хъуа Шэрий Иналбэч.

09.11.2026 - 09:07

УсакIуэм и фэеплъу

Лъэпкъым и бын щэджа­щэ ЩоджэнцIыкIу Алий къы­щалъхуа махуэр курыт еджапIэхэм, тхылъ хъумапIэ­хэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм щагъэлъэпIащ.