Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу дэнэ щIыпIи фокIадэм и 20-м Адыгэхэм я махуэр гукъинэжу щагъэлъэпIащ. Налшык къалэм и прогимназие №34-ми къыщызэрагъэпэщат махуэшхуэм иращIэкIа зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр.
ХьэщIэхэм зыщрагъэплъыхьащ школым IуэрыIуатэмкIэ и музейм. IуэхущIапIэм и пщIантIэм щагъэлъэгъуащ адыгэ тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ купщIафIэхэр, цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, «Дэ - адыгэм дрищIэблэщ» фIэщыгъэм щIэту еджакIуэхэм ящIа сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр, адыгэ лъэпкъ шхыныгъуэхэр.
Прогимназием и уна-фэщI Дол Анжелэ зэхы-хьэм ирагъэблэгъа хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIри, жиIащ щIэблэм хэкупсэ, псэкупсэ гъэсэныгъэ етыным, сабийхэр лъэпкъ хабзэхэм щыгъэгъуэзэным мыхьэнэшхуэ зэраIэр, я IуэхущIапIэм а Iуэхугъуэхэм гулъытэ ин зэрыщыхуащIыр, егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ зэрызэпыщIар, еджакIуэхэм я щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу, пщIэ я зэхуаку дэлъу, нэхъыжьхэм ядэIэпыкъуу, гуапагъэ ящIэу къызэрагъэхъур, лъэпкъ тхыдэм, хабзэхэм, лъапIэныгъэхэм зэрыщIапIыкIыр, абы ехьэлIа классщIыб гупжьей зэраIэр, зэхыхьэ щхьэпэхэр къызэрызэрагъэпэщыр. Абы къахуихьащ Ломоносов Михаил и псалъэхэр: «Зи тхыдэр зымыщIэж лъэпкъым къэкIуэни иIэнукъым».
- Адыгэхэм я махуэр нобэ догъэлъапIэ. НэгъуэщI лъэпкъхэм я махуэшхуэхэми апхуэдэ гулъытэ яхудощI. ЩIэблэм я анэдэлъхубзэр ящIэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щэнхабзэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэри къызыдогъэпэщ. Сабийхэм ящIэн хуейщ гъунэгъу лъэпкъхэм я щэнхабзэр, абыхэм зэщхьу яхэлъымрэ зэрызэщхьэщыкIымрэ, - жиIащ Анжелэ. - Ди ныбжьыщIэхэр лъэпкъ къафэхэмрэ макъамэмрэ дахьэх. Махуэшхуэ концертхэр щыдгъэхьэзыркIэ, Iэмал имыIэу лъэпкъ хабзэм ехьэлIа дауэдапщэхэм гулъытэ яхудощI, абыхэм ятеухуа теплъэгъуэхэр догъэлъагъуэ. ЦIыкIухэм а хабзэхэр ягу ираубыдэ, зыхалъхьэ. Ди къалэн нэхъыщхьэр хьэл-щэн дахэ зыхэлъ, къэралым и хъумакIуэхэм, абы и цIыху щэджащэхэм пщIэ яхуэзыщI, къызыхэкIам хуэфащэ цIыху дгъэсэнырщ. ЩIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ теухуа зэпеуэхэми жыджэру дыхэтщ, япэ увыпIэхэр къыщыдохь. Дунейпсо Адыгэ Хасэми дыдолажьэ. Абы и фIыщIэ тхылъыр нэгъабэ къытхуагъэфэщащ.
- Анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, хабзэр хъумэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Бзэмрэ щэнхабзэмрэ тхузэгуэмыхыну зэпыщIащ. Ахэр зыужьыныгъэм и лъабжьэщ, - жиIащ Налшык къалэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и унафэщI Мэлбахъуэ Алим. - Прогимназием и унафэщIымрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ яхуэфащэщ мы гъэм илъэс етхуанэ хъуауэ республикэпсо мыхьэнэ зиIэ мыпхуэдэ махуэшхуэхэм я зэфIэкI ягъэлъагъуэу зэрыхыхьэм. Фи мурадхэр Тхьэм къывигъэхъулIэ! Адыгэхэм ди махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу!
Зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ макъамэрэ къафэрэ зэбэкI, адыгагъэм, анэдэлъхубзэм, лъэпкъ хабзэм теухуа уэрэдкIэ, усэрэ хъуэхъукIэ гъэнщIа концерт щIэщыгъуэкIэ. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Битокъу Беслъэнрэ прогимназие №34-м и гъэсакIуэ Мазло Иринэрэ. Махуэшхуэм и тхыдэр, адыгэм и блэкIар, ди лъэпкъэгъухэр дуней псом зэрыщикъухьар, ди щыIэкIэ-псэукIэр, ди зыужьыныгъэхэр, дызэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэхэр ягу къагъэкIыжащ къекIуэлIахэм.
- Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр 2014 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ ягъэуващ икIи ар зыгъэпсэхугъуэ махуэу къащтащ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ зыужьыныгъэмрэ теухуа махуэшхуэр хуэунэтIащ лъэпкъым и щхьэр, и анэдэлъхубзэр, къыдекIуэкI щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр, хабзэ дахэхэр, лъапIэныгъэхэр ихъумэжыным. Дуней псом адыгэу тетым, ди лъэпкъым и ныбжьэгъуфIхэм илъэс бжыгъэ хъуауэ зэдыдогъэлъапIэ мы махуэшхуэр, - жиIащ Битокъум. - А махуэр къыхалъхьащ дуней псом и плIанэпэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ пыщIэныгъэр тхъумэн, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр дгъэбыдэн папщIэ. Фащэр зейр зезыхьэращ жаIэ, ди пщIэмрэ ди фащэмрэ тIыгъыжу, зи махуэшхуэр куэдрэ зыгъэлъэпIэн лъэпкъ Тхьэм дищI!
Концертыр ирагъэжьащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гимнхэмкIэ. Ар ягъэдэхащ Ныбэжь Азэмэт, уэрэдымрэ къафэмкIэ «Амикс» театрым, прогимназием и егъэджакIуэхэмрэ и гъэсэнхэмрэ.
ЦIыпIынэ Нинэ итащ адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI дыщэидэ IэщIагъэ дахэм теухуа мастер-класс щхьэпэ. ХэдыкIымрэ хъагъэ дахэхэр зэIущэнымрэ щIэблэр дегъэхьэхыным, лъэхъэнэхэр зэпызыщIэ пасэрей лъэпкъ IэщIагъэр дымыгъэкIуэдыжыныр уасэншэщ. А дахагъэм уимытхьэкъункIэ Iэмал иIэкъым. Нинэ жиIащ фэилъхьэгъуэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ ирагъэдахэ къудей мыхъуу, тхыпхъэм гупсысэ куу, мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытар. Лъэп-къым ижь-ижьыж лъандэ-рэ къыддекIуэкI IэщIагъэр иджырей зэманым декIуу, псэупIэр игъэдахэу, щыгъыным хаухуанэу утыку къызэрырахьэжар гуапэщ. Ар пасэрей IэщIагъэм и гъащIэм къыпызыщэщ. Абдеж щагъэлъэгъуащ еджапIэм екIуалIэ хъыджэбз цIыкIухэм хэдыкIымкIэ я зэфIэкIыр, я IэпэIэсагъэр.
ЩIалэ цIыкIухэри нэхъыжьыIуэхэри дихьэхыу хэтащ гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр езыгъэкIуэкI джэгуакIуэ Джэдгъэф Беслъэн зэхиша кхъуейплъыжькIэрыщIэм. Сабий къэхъуам цIэ фIаща нэужь къыкIэлъыкIуэ нэгузыужь дахэу щыта кхъуейплъыжькIэрыщIэр Iэпэдэгъэлэл ящIа ди хабзэ дахэхэм ящыщщ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм къыщегъэщIэрэщIэж Джэдгъэфым. Апхуэдиз дахагъэ зыхэлъ хабзэр цIыхубэм яIэщIэмыгъэхуным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы щIэупщIэ иIэ хъужащи, Беслъэн а Iуэхум йолэжь. Дунейм къытехьа сабийм адыгэхэм зэраIэтым, хуалэжьым хуэдиз хуэзыщIэу хабзэ зиIэ лъэпкъ куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Мы хабзэри абы и щыхьэтщ. Абы ЦIыпIынэ Идар къыпищащ илъэсиплI-илъэсибл ныбжьым ит сабийхэм яхуэгъэза адыгэ джэгукIэхэмкIэ.
Зэхыхьэм щагъэлъэгъуащ «Нысашэ» пасэрей лъэпкъ хабзэри. Хъуэхъу, уэрэд, джэгу жыпIэми, куэд щызэхэухуэна мы теплъэгъуэм хэта ныбжьыщIэхэм ар щIэщыгъуэ ящыхъуащ икIи шэч хэлъкъым лъэпкъым къыдекIуэкI мы хабзэ дахэр ягу зэрыраубыдэ-нум.
Махуэшхуэм ирагъэблэгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъу-рокъуэ Хьэутий, Налшык къалэм и курыт еджапIэхэм я унафэщIхэр, еджакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ.
Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.