Зэныбжьэгъугъэм и шэсыпIэ

ФокIадэм и 12 - 14-хэм Къэбэрдей-­Балъкъэрым и щIыналъэхэм щекIуэ­кIынущ «Кавказ Ищ­хъэрэм ис лъэпкъ­­хэм я зэныбжьэгъугъэ» фIэщыгъэр зезыхьэ, лъакъуэрыгъажэмкIэ 33-нэ зэхьэзэхуэм и 9 - 11-нэ Iыхьэхэр. Спортсменхэм махуэ зыбжанэм къриубыдэу ди респуб­ликэм щызэпачыну къапэщылъщ псори зэхэту километр 380-м щIигъу гъуэгуанэр. 

А къызэдэжэр траухуащ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 мы гъэм зэрырикъуам.
Налшык къалэм Абхъазым и утыкум фокIадэм и 12-м зэпеуэр щрагъэжьащ икIи фокIадэм и 14-м Безенги аузым ар щаухынущ.
Зэхьэзэхуэр 1994 гъэм щегъэжьауэ ирагъэкIуэкI икIи Урысей Федерацэм лъакъуэрыгъажэ спортымкIэ и чемпионатхэм я зы Iыхьэу щытщ. Хабзэ зэрыхъуауэ, абы щызэпоуэ УФ-м, Белоруссием, Къэзахъстаным, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я командэхэр.
Мыгъэрей зэпеуэр щекIуэкIынущ Адыгейм, Краснодар крайм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Шэшэным я щIыналъэхэм. А махуэхэм къриубыдэу псори зэхэту километр 1500-рэ гъуэгуанэ спортсменхэм къызэранэкIынущ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэм ятеухуа хъыбар ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм тетынущ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.