Лэжьыгъэм игури и псэри етат

Налшык къалэм дыгъуасэ фэеплъ пхъэбгъу къыщыхузэIуахащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Сэхъу Владимир Къасболэт       и къуэм. 

Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар КъБР-м и Парламентым Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и комитетым и унафэщIу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и премьер-министрым и къуэдзэу (1986 - 1988, 1991 - 1995 гъ.гъ.), УФ-м и Къэрал Думэм и етIуанэ, ещанэ зэхуэсы­гъуэхэм  я депутату щытащ. И зэфIэкIыр къилъытэри, 1999 гъэм УФ-м и «ЩIыхьым и орден» дамыгъэ лъапIэр къыхуагъэфэщат абы.
Сэхъум и фэеплъу къызэрагъэпэща зэхыхьэр щекIуэкIащ езыр илъэс куэдкIэ щыпсэуа унэм деж. Къызэралъхурэ илъэс 86-рэ мы гъэм зэрыхъум траухуа Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, благъэ-Iыхьлыхэр.
Абдеж къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ Сэхъу Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ ­зэ­рыхуищIар, абы и нэIэм щIэту республикэм ухуэныгъэшхуэхэр а ­зэманым зэрыщекIуэкIар: цIыхухэм я псэукIэр зэIузэпэщ ящIу, жьы хъуа унэхэм къыщIагъэIэпхъукIыу.
КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномо­ченнэ Зумакулов Борис жиIащ: «Ди щIыналъэ унафэщIым Сэхъу Владимир и фэеплъыр уахътыншэ тщIын хуейуэ къызэрыхилъхьар ди гуапэ хъуащ. Зи IуэхущIафэхэр цIыхубэм ящымыгъупщэ апхуэдэ цIыхухэр тIэтыныр, щапхъэ тщIыныр хабзэфIщ. Владимир ди ныбжьэгъуфIу щытащ, куэд хуищIащ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым». Зумакуловым дыщIигъуащ Сэхъур къыщалъхуа ма хуэм ирихьэлIэу фэеплъ тхылъ къызэрыдагъэкIар, абы и лэжьыгъэм пщIэ хуищIу пэублэ псалъэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэритхар.
Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймурази къыхигъэщащ республикэм и щыхьэрым зегъэужьы-ным Сэхъу Владимир хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIар. Апхуэдэу  абы-хэм зэращыщыр Пионерхэм я унэр, ПечатымкIэ унэр, Телецентрыр ухуэным хэлIыфIы­хьахэм, ахэр а зэманым лэжьыгъэшхуэу зэрыщытар. 
Унагъуэм къыбгъэдэкIыу къэпсэлъащ Урожайнэ къуажэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Сэхъу Анзор. «ЗгъэщIагъуэрт абы и бэшэчагъыр, сыт хуэдэ Iуэхуми и гъурри и цIынэри зэрищIэр. Ар лажьэрт игури и псэри етауэ. Ди нэхъыжь Iущым и сыт хуэдэ Iуэхури зыхуэгъэзар жылэм зэрызиузэщIынырт, зэгурыIуэ-зэдэ­Iуэжу, ефIакIуэу цIыхухэр псэуныр къызэгъэпэщынырт. Сэ­хъухэ къабгъэдэкIыу фIыщIэ фхудощI мыпхуэдэ фэеплъ Iуэхур зи жэрдэмхэм», - жиIащ Анзор. 
Фэеплъ пхъэбгъур унэ блыным фIадза нэужь, пэкIум хэтахэм удз гъэгъахэр абдеж щагъэтIылъащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.06.2026 - 10:01

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

08.06.2026 - 09:33

Лъэпкъхэр зэрызэгурыIуэ Iэмал гъуэзэджэ

Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр щIэблэм я унэтIакIуэ нэсщ.

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр.