КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшышхуэм «Бжьыхьэ. Фэеплъ» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэ щокIуэкI. Хабзэ хъуауэ, ар къызэрагъэпэщ КъБР-м и Къэралыгъуэмрэ къалэм и махуэмрэ ирихьэлIэу.
Музейм щагъэлъагъуэ сурэтыщI 52-м я лэжьыгъи 100-м щIигъу (живопись, графикэ, скульптурэ, монументальнэ гъуазджэ, упщIэм, ятIэ гъэжьам, пхъэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр, Iэщэхэр, дыщэ-дыжьынхэкIхэр). Лэжьыгъэхэр я теплъэкIи, плъыфэкIи, инагъ-цIыкIуагъкIи зэщхьэщокI. Мыхэр сурэтыщI Iэзэхэмрэ иджы дыдэ IэщIагъэм япэ лъэбакъуэ хэзычахэмрэ я IэдакъэщIэкIщ.
Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм, нарт эпосым къыхэщ лIыхъужьхэм, адыгэ пщащэхэм,Iуащхьэмахуэ, гъэм и зэманхэм, удз гъэгъахэм, нэгъуэщIхэми траухуа сурэтхэр ящIащ Ездэч Владимир, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Тхьэзэплъыж Руслан, Иванниковэ Ольгэ, Иевлевэ Оксанэ, Ваниевэ Раисэ, Сорокин Сергей, Куп Эльмирэ, Ермолаевэ Аннэ, Палецкая Евгение, Жылэ Анатолэ, Джанкишиев Алий, Мазло Руслан, Маргъущ Анатолэ, Дзэгъэл Iэуес, Янин Александр, Акъсырэ Викторие сымэ. Лэжьыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ псыежэхым хуэдэ гъащIэм и теплъэгъуэхэр, цIыхухэм я сурэтхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм хуэфащэ увыпIэ щаубыдащ иджырей гъуазджэм и унэтIыныгъэхэми. ХьэцIыкIу Милэ ятIэ гъэжьам къыхищIыкIа и хьэкъущыкъухэмрэ ГъукIапщэ Арсен и скульптурэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи удэзыхьэхщ.
Нэхъыщхьэу мы гъэлъэгъуэныгъэр зытеухуар бжьыхьэм и теплъэ зызыхъуэжырщ. Аращи, сурэтхэм щынэрылъагъущ республикэм и щIыуэпсыр гъэм и сыт хуэдэ зэманми, махуэми жэщми зэрыдахэр. ГъэщIэгъуэнракъэ, ахэр плъэгъуа иужь, «къытезгъэзэжу сеплъащэрэт» жыуагъэIэу малъхъэдисым хуэдэу узэщIашэ. СурэтыщIхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ и щIыуэпсымрэ хуаIэ лъагъуныгъэ иныр уздеплъ къудейм къыппкърыхьэу къыщIэкIынущ.
ЗэрыжытIащи, мыбдеж щагъэлъагъуэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэми щыщ. Ар адыгэм зэрихьэ Iэщэ-фащэхэрщ, хьэзырхэрщ, дыщэ, дыжьын бгырыпххэрщ, бгъэIулъхэрщ, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэрщ, арджэнхэрщ. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа, дыщэидэ щIа къэлътмакъхэм, хъыджэбз хьэпшыпхэм къыпхузэIуах лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ тхыпхъэхэм я дахагъэр. Абыхэм къахощ адыгэм и блэкIар, и тхыдэ гъуэгуанэр, и щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэр.
Гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым зрагъэхьэлIащ республикэм и сурэтыщIхэм, гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм, къалэм и хьэщIэхэм. Лэжьыгъэхэр фокIадэм и 17 пщIондэ ягъэлъэгъуэнущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.