Бакъейм – дыщэ, Джыджийм - дыжьын

Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ щэнейрэ щытекIуа, бэнакIуэ цIэрыIуэ Сайтиев Бувайсар и фэеплъу, Красноярск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа 20-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэм дыщэ медаль къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ бэнакIуэ Бакъей Темболэт.

Килограмм 51-рэ зи хьэлъагъхэм я деж ди щIалэм кIэух зэхьэзэхуэр къыщыфIихьащ Санкт-Петербург къалэм и спортсмен Мамаев Гаджимурад. Темболэт и тренерхэр ПщыукI Артуррэ Бакъей Рустамрэщ.

 Ди республикэм и щIыхьыр ихъумэу зэхьэзэхуэм щыIа бэнакIуэ Джыджий Къантемыр мызыгъуэгукIэ етIуанэ хъуащ. Килограмм 92-рэ зи хьэлъагъхэм я деж финалым ар къыщыхигъэщIащ Дагъыстэным и спортсмен Абдуразак Шабанов. Ди щIалэм и тренерыр Хъубий Муратщ.

 Къыхэдгъэщынщи, Бувайсар Сайтиев и фэеплъ зэхьэзэхуэм мы гъэм хэтащ къэрали 8-м я бэнакIуэ 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.

  КЪУЭЖЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.06.2026 - 10:01

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

08.06.2026 - 09:33

Лъэпкъхэр зэрызэгурыIуэ Iэмал гъуэзэджэ

Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр щIэблэм я унэтIакIуэ нэсщ.

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр.