Я зэфIэкIхэр цIыкIукъым

«Multi European Games 2025» фIэщыгъэр зэрихьэу шыщхьэуIум и 28 - 31-хэм Сербием и Ниш къалэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) рейтинг баллхэр щат дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэрал 35-м щыщ щIалэрэ хъыджэбзу 2000-м нэблагъэ. 
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Пять колец» спорт академием и гъэсэни 6. Ар и щыхьэтщ республикэм тхэквондом иужьрей илъэсхэм зыужьыныгъэфIхэр зэрыщигъуэтамрэ тхэквондистхэм я зэфIэкIхэр утыкушхуэхэм къыщалъытэ зэрыхъуамрэ. 
Ди гуапэу къыхэдгъэщынщи, ди псалъэхэм я щыхьэту, иджырей зэхьэзэхуэми ди лъахэгъухэм екIурэ-ещхьу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Я хьэлъагъхэмрэ, ныбжьхэмрэ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Бекъул Миланэ, Багъ Идар, Iусен Руслан сымэ. Къып Эмилие, Бакъей Миленэ, Абазэ Амир сымэ ещанэ хъуахэщ.
Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амир, Уэзрокъуэ Анзор, Унэжокъуэ Абдельджэбар сымэ. 
ЗэIущIэм щытекIуахэр хэтынущ Европэм тхэквондомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм Алыджым щызэхэтыну зэпеуэм.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ