Медаль хъушэ къахь

Шэшэным и къалащхьэ Грознэм щекIуэкIащ КИФЩI-м дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я бэнакIуэхэр, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 600-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс I8-м щIимыгъуауэ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм иригъэкIуэкIыну зэпеуэм. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ехъулIэныгъэфIхэр Грознэм щызэIэригъэхьащ икIи псори зэхэту ди бэнакIуэхэм медали 8 абы къыщхьащ.
 Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Джэданэ Амырхъан (кг 46-рэ), Бийболатов Даниял (кг 8I-рэ), Щад Дилианэ (кг 70) сымэ.
Килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ Быгуэ Мансур. 
Уэтэр СулътIан (кг 50), Унэж Темырлан (кг 60), Ерчэн Тимур (кг 73-рэ), ШэрыIужь Айдэмир сымэ ещанэ хъуащ. 
Мыбыхэм псоми Iэмал ягъуэтащ урысейпсо зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. 
Ди командэм и тренерхэр Джэданэ Залым, Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Къуэшырокъуэ Астемыр, Дзухэ Беслъэнрэ Залымрэ, Махуэ Олег, Ким Руслан, ГъущIапщэ Самир сымэщ. 

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.

13.07.2026 - 10:01

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

12.07.2026 - 09:03

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.