Хэкум, унагъуэм къащхьэщож

Пщыгъэуш Залым Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм къыщалъ­хуащ. 2007 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр экономикэ-правовой лицейм щIэ­т­Iыс-­­
хьэри, сату щIэным щы­хуеджащ. ИужькIэ дзэм ираджащ. Къигъэзэжа нэужь, конракткIэ и къулыкъум пищащ. ЩIалэм къэралкIуэцI IэнатIэхэм ­къулыкъу щищIащ. 2014 гъэм Пщыгъэушым уна­гъуэ иухуащ, Налшык що­псэу. Залымрэ и щхьэгъу­сэ Рузанэрэ щIалищ яIэщ.

2025 гъэм Пщыгъэуш Залым Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам кIуащ. Дзэ ­къулыкъум, унагъуэм, цIыху хьэл-щэнхэм ящыщу нэхъ япэ иригъэщхэм теухуауэ Залым дыщепсалъэм, и унагъуэм илъ хабзэхэмкIэ къыщIидзащ…
- Мы зэманым си уна­гъуэм куэдрэ сахэсыну Iэмал сиIэкъым. ЖыпIэ хъунущ абы щыдгъэува хабзэхэмрэ зэхущыты­кIэ­хэмрэ а дызэрызэпэIэщIэм нэхъри IупщI ищIу, ди зэ­хуаку дэлъ зэпэжыжьагъэр дэркIэ гъэунэхупIэу. ЖыпIэнурамэ, псэкIэ дызэрызэ­рыщIэфыр къыдгурыIащ. Сыт ди щIалэхэр зыхуэд­гъасэр жыпIэмэ, япэрауэ, жэуаплыныгъэ яхэлъы­нырщ. Нэхъыжьыр нэхъыщIэм къыщы­щхьэщы­жыфыр сфIэфIщ, псалъэм щхьэкIэ. Зэкъуэшхэр зэ­къуэтын хуейщ сытым дежи. Быныр щIыдопIыкI пэжа­гъми. «ПцIы умыупс» яжетIэ къудейуэ аракъым. АтIэ сыт хуэдэ пэжми хуэхьэзыру къэхъуным худогъэхьэзыр. Ар щрет дапхуэдэуи: гугъу езыгъэхьынуи, я жагъуэ ­хъунуи, я еплъыкIэр зы­хъуэжынуи! Ещанэуи къы­хэз­гъэщынут пщIэ-нэмы­сыр. Псом япэу анэм пщIэ хуащIу изогъасэ. Сэ унэм сыщыщIэмыскIэ, унэгуащэми бынми зыхезгъэщIэ­­-фын хуейщ езыхэм нэхъы­щхьэ си гъащIэм зэ­ры­хэ­мытыр. ЩIалищым я анэм махуэ къэс фIыщIэ ­хузощI, пIалъэкIэ сызыщIэ­мыс унэм хуабагъэр зэрыщихъу­мэм, пщIэ-нэмысыр илъы­ным зэрегугъум пап­щIэ. 
Зауэм Iуэхугъуэ, мурад, гупсысэ куэд ехъуэж, пэ­жым ухуеймэ. ЦIыхухъу ­къалэным зыкIи укъыпе­кIуэ­кIын хуейкъым, Хэкур хъу­мэным Iуэхур нэсамэ… ЩIалэ цIыкIухэм я лъакъуэ­рыгъажэ якъутэмэ, яхуэс­щIыжу, пщыхьэ­щхьэкIэрэ садэуэршэру сабгъэдэсыну Iэмал сиIэкъым. Апхуэдэу щыхъукIэ, сэ сыхуейщ абы­хэм я дежкIэ щапхъэ сыхъуну, унагъуэм, щIыналъэм, Хэкум укъыщхьэщыжын зэрыхуейр къагурыIуэну. Си гугъэщ абыхэм сызыхащIыкIыу. ЩIалэ цIыкIухэм я адэу ущытыным нэхъы­щхьэу хэтыр абыхэм хьэл-щэн екIу яхэплъхьэнырщ. 
- Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам узэрыкIуам дыкъытеувыIэ хъуну?
- СызэрыцIыкIурэ дзэм сыхэтыну сыщIэхъуэпсырт. Ди унагъуэм, ди Iыхьлыхэм ящыщ куэд дзэм хэту, хабзэхъумэ IэнатIэ пэрыту дыкъокIуэкI. Сэри щIэныгъэ зэзгъэгъуэта нэужь, зызмыIэжьэу дзэ къулыкъум сыпэрыуващ. Дзэ Iуэхум и пIалъэр щысщIэкIэ, си къалэн есхьэкIыну сыхуэхьэ­зырт сытым дежи. ЦIыхухъу къалэн згъэзащIэу, Хэкум папщIэ, унагъуэм папщIэ сыкIуащ.
- Абдежым уи нэгум щы­щIэкIхэр… Апхуэдэ къулыкъур псэкIи зэрыгугъуехьыр къыдгуроIуэ, - зыхузогъазэ Залым.
- Хьэлъэщ абдежым ущы­Iэныр… Къарурэ гуа­щIэкIэ пшэчыр, убэлэрыгъ зэ­ры­мыхъур зэрызыхэп­щIэм нэхърэ нэхъ хьэлъэщ псэм иIэ щытыкIэр, псэр хэкIыпIэншагъэ гуэрхэм зэ­раIыгъыр, къыддогуашэ ар. Зауэ губгъуэм уи нэгу щыщIэкIынкIэ хъунур зэхуэ­дэкъым. Шэч зыхэмылъы­жыр зыщ: абдежым къызэ­рымыкIуэ лIыгъэ щызэрахьэ. Къэралым къытхуигъэува къалэныр щыд­гъэ­защIэкIэ, дызэ­ры­Iыгъщ. ­Къулыкъу щызэдэп­щIэкIэ, зы унагъуэ хуэдэу уохъу, узэроцIыху, узэхуо­гузавэ, зызэщIыбо­гъакъуэ. Нэгъуэ­щIу хъунукъым. Жьы­Iуры­хьэгъуэ дыщихуэ­кIэ дыщы­зэ­дэуэршэри ды­щыгушыIи къо­хъу. Дытопсэлъыхь ди унагъуэхэм, бынхэм, дызэдогуашэ гукъэкIыж гуэрхэмкIэ. 
- Хэкупсагъэм и мыхьэнэр сыт уэркIэ?
- Хэкупсагъэр уи бгъэм утеуIуэныркъым, нып пIэ­тыныркъым, цIыхухэр куэду щызэхуэс щIыпIэхэм «сыхэкупсэщ» щыжыпIэныркъым. Моуэ къызэрыгуэкIыу ущытыным нэхъ хуэкIуэу си гугъэщ абы и мыхьэнэр. Ууейм укъыщхьэщыжын зэрыхуейр зэпымыууэ уи гум илъу, уи унагъуэр, уи щIыналъэр, уи щIыр ­пхъу­мэным ухуэхьэзыру упсэунырщ. А къалэныр дэ иджы дымыгъэзащIэмэ, илъэс зыбгъупщI дэкIауэ, ди быным ар я пщэм къыдэхуэжынкIэ хъунущ, псалъэм папщIэ… Хэкупсагъэщ уи гум жиIэмрэ уи ­псалъэмрэ зэтехуэу упсэу­ныр, уеджэныр, уи бзэкIэ упсэлъэныр… Иджыри мис апхуэдэ къызэрыгуэкI Iуэхугъуэхэр… Хэкупсагъэр кIий-гуокъым, атIэ ар гумрэ псэмрэ я щытыкIэщ. 
Епсэлъар
ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2026 - 09:03

Куэдым хащIыкI

КъБКъУ-м Жылагъуэ жэрдэмхэмкIэ и пэшым иджыблагъэ щекIуэкIащ ­«Хабзэ хъуа псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэ­хэр: сыт дызэкъуэзыгъэувэр?» зэп­сэ­лъэныгъэр.

15.04.2026 - 09:03

Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм.

15.04.2026 - 09:03

Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ.

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер