Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ зэхуэс дахэ щекIуэкIащ. Абы щызэIущIащ ди республикэм хуабжьу зыщиубгъуауэ нобэр къыздэсым щекIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм жэрдэмщIакIуэ хуэхъуахэр, къызэзыгъэпэщахэр, езыгъэкIуэкIахэр, ноби зи гуащIэ, чэнджэщ абы и щыIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хэзылъхьэхэр.
Мы гъэм илъэс 25-рэ ирокъу «Си бзэ-си псэ, си дуней» зэпеуэр зэрырагъажьэрэ. Абы и лъабжьэр зыгъэтIылъа къэпщытакIуэхэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэмрэ зэхуэзэну мурад щащIым, ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Мамий Заретэ IуэхущIапIэм къригъэблэгъащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ зигурэ зи псэрэ етауэ хуэлажьэхэмрэ хуэлэжьахэмрэ.
Ди республикэм и егъэджакIуэ нэхъыжьыIуэхэмрэ нэхъыфIхэмрэ зэхуэзышэсар «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэр илъэс 20-м нэс езыгъэкIуэкIа, а зэманым къриубыдэу КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм лъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ и нэIэ щIэту лэжьа, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Балэ Людмилэщ.
Зэхуэсым хэтащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс 20-м щIигъукIэ лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, композитор цIэрыIуэ ХьэIупIэ ДжэбрэIил, «Эльбрус» тхылътедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан, а IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ Джэры- джэ Арсен, «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и унафэщIу лэжьа, журналист цIэрыIуэ Къэзанш Людмилэ, КъБКъУ-м и Социально-гуманитарнэ институтым Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ УнэлIокъуэ Вячеслав, Кэнжэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Стэпан Эдуард, егъэджакIуэхэр, къэпщытакIуахэр, къызэгъэпэщакIуэхэр, журналистхэр.
Лэжьыгъэм, щIэныгъэм, IэщIагъэм зэныбжьэгъу зэхуищIа гуп дахэр гуапэу зэбгъэдэсащ а махуэм, лъэпкъым нэхъ лъапIэ дыдэу иIэ и анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъунум, зэрызегъэужьыпхъэм, щIэблэм зэрыIурылъхьапхъэм теухуа гупсысэ куэд къыхалъхьэу, «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэм и къежьапIэмрэ нобэ зытет гъуэгу дахэмрэ тепсэлъыхьыжу.
Ар езышэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд жиIащ 1999 гъэм республикэ Iуэхуу ирагъэжьа «Си бзэ – си псэ, си дунейр» къызэрыгуэкI зэпеуэм и жыпхъэм икIыу, республикэпсо фестиваль-зэпеуэ хъуауэ иджыри зэрекIуэкIым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал зэримыIэр.
- КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ зэгъусэу къетхьэжьауэ щыта зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр адыгэбзэр хъумэнырщ, ар щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджынырщ, курыт еджапIэхэм гулъытэ нэхъыбэ щегъэгъуэтынырщ.
Зы гъэ еджэгъуэм къриубыдэу еджакIуэ 1500-м нэблагъэ, школ 20-м щIигъу щыхэт щыIэт абы. Апхуэдэу IуэхуфIыр къыддащтащ Адыгэ Республикэми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми.
Сэ жысIэркъым, «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм бзэм зригъэужьу. Ауэ сабийхэр анэдэлъхубзэм хуэгъэушынымкIэ, адыгэ къафэм, макъамэм щIэпIыкIынымкIэ, хабзэр, тхыдэр егъэщIэнымкIэ, адыгэхэм зэрахьэу щыта Iэщэ-фащэхэр, хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр егъэцIыхунымкIэ зэхьэзэхуэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр курыт школхэм зэрыщрагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуэныр, егъэджакIуэфIхэм я лэжьыгъэр гъэлъэпIэныр, ди бзэм и пщIэр къэIэтыжыныр ди мурад нэхъыщхьэти, хъарзынэу къыдэхъулIэрт. Иджыпсту ар КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм езым и пщэ дилъхьэжауэ ирегъэкIуэкIри, дакIэлъоплъ, дащогуфIыкI.
Зэпеуэу къежьэу фестивалым хуэкIуа Iуэху иныр зигу къэкIар Къэзанш Людмилэу зэрыщытар къыхагъэщащ псоми а махуэм. Людмилэ сыт хуэдэ утыку къихьэми жеIэ «Адыгэ псалъэр» и «дыщ жьантIэу» зэрыщытыр. Мис а дыщым къыщрихьэжьа Iуэху дахэт фестиваль-зэпеуэр.
- Апхуэдиз илъэскIэ а Iуэхур зи пщэ дэлъа, къэпщытэныгъэр жэуаплыныгъэшхуэ пылъу езыгъэкIуэкIа мы бзылъхугъэхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэр щыIэн, лъэпкъыбзэр, лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, хабзэр хъума хъун папщIэ къалэн нэхъ ин дыдэр зыгъэзащIэр егъэджакIуэхэращ.
Дэри, телевиденэм, газетым, радиом щылажьэхэм бзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ къалэн куэд зэфIыдогъэкI, ауэ егъэджакIуэм и гуащIэм егъэпщэгъуейщ. А зэманым етхьэжьа Iуэхур иджыри нэхъри зиубгъуурэ къызэрыгъуэгурыкIуэм ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым.
И лъабжьэри и купщIэри инщ
Зэпеуэр егъэкIуэкIыныр и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс зи пщэ дэлъу щыта Балэ Людмилэ игу къегъэкIыж:
1999 -2000 гъэ еджэгъуэм щыщIэдзауэ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм папщIэ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ егъэкIуэкIын жэрдэмыр «Адыгэ псалъэ» газетэм и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхелъхьэ, Къэзанш Людмилэ и чэнджэщкIэ. Людэ сэрэ еджапIэм дыщызэдэлэжьат, апхуэдэ зэпеуэм и къызэгъэпэщыкIэм дыщыгъуазэт. ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ а зэманым министру лэжьа Балъкъыз Михаилрэ абы и къуэдзэу щыта Къанкъул Людмилэрэ «Адыгэ псалъэ» газетым кърихьэжьа IуэхуфIыр даIыгъри, зэпеуэр ежьащ. Мыр псори къыщIэсIуэтэжыр, ЛюдитIри дяпэ иту зэпеуэр еджапIэм къыщезыхьэжьахэм я фIыщIэр сымыгъэкIуэдыну аращ. Псыпэр чэнжу къызэрыщIидзэм ещхьу, «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэми щIэдзапIэу иIар еджапIэрщ, адэкIэ инрэ куууэ зиубгъуамэ, ар зи фIыщIэр куэд мэхъу.
Япэ гъэ еджэгъуэм зэпеуэм хэтахэр адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэрщ. «Учительская газета»-м «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэр зэрыригъэкIуэкIым хуэдэу. Ауэ министрым и къуэдзэ Къанкъул Людмилэ и чэнджэщкIэ къыкIэлъыкIуэ гъэ еджэгъуэхэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэр фестивалым хуэкIуащ, абы хыхьа зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм фестивалым зрагъэубгъуащ. Иджы фестивалым хэтт еджакIуэхэм я зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэри, псалъэм папщIэ, «Акъыл жан» зэхьэзэхуэр, «Си бзэ - си псэ, си дуней» творческэ лэжьыгъэр, «Зэрыдахащэ мы дунейр» - еджакIуэ сурэтыщIхэмрэ сурэттеххэмрэ зыхэтыр, «Мыр псори зытеухуар аращ» и фIэщыгъэу адыгэ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIуа цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа конференцхэр, «Си бзэ - си псэ» усэ зэпеуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЕгъэджакIуэхэм папщIэ зэпеуэхэр мащIэтэкъым, ауэ нэхъыщхьэр егъэджэныгъэмкIэ къэрал стандарт щIэх-щIэхыурэ зызыхъуэжым къигъэув Iуэхугъуэхэм езэгъыу урокхэр егъэджакIуэхэм зэраухуэфым и фIагъыр къэпщытэнырт. Абы щыгъуэми IэмалыщIэу егъэджэныгъэм къыхыхьахэм егъэджакIуэхэм хащIыкIым, ахэр къызэрагъэсэбэпыфым, еджакIуэхэр ирагъэджым зэрыдрагъэхьэхыфым, езы сабийхэм я лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщыфым, методикэм ехьэлIауэ нэгъуэщI щэху куэди къызэрызэкъуахыфым зыщыгъэгъуэзэнырт.
ЕгъэджакIуэхэри гуп-гупу зэпеуэхэм щыгуэшыжат: сабий садым щылажьэхэр, пIэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэр, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр, адыгэ щэнхабзэмкIэ, хабзэмкIэ, гъуазджэмкIэ гупжьейхэр къызэзыгъэпэщ егъэджакIуэхэр, нэгъуэщI щIэныгъэхэр щрагъэджкIэ, адыгэ лъэпкъым теухуа Iуэхугъуэхэр езыхьэлIэ егъэджакIуэхэр.
Фестивалым унэтIыныгъэ куэд иIэт, ар псори зытелэжьэжыр адыгэ щIэныгъэр лъэпкъ щIэблэм егъэщIэнырт, адыгэ хабзэр зи лъабжьэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэр еджапIэ къэс щегъэфIэкIуэнырт, еджапIэхэр я лэжьыгъэфIхэмкIэ зэдэгъэгуэшэнырт.
Мы зэпеуэм къыщылъытат псори. Къапщтэмэ, еджапIэхэр адэ-анэхэм зэрадэлажьэри, къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэм я деж сабийхэм щагъуэт дерсхэри, ахэр я IэпщIэлъэпщIагъымкIэ, я щIэныгъэмкIэ щIэблэм зэрыдэгуашэхэри.
«Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм яхэтт адыгэ лъэпкъым и зыужьыныгъэмкIэ жэуап зыхь IуэхущIапIэхэр: Егъэджэныгэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ и комитетыр, «Адыгэ псалъэ» газетыр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэр, ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэр щыхагъахъуэ институтыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Педколледжыр, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтыр, «Адыгэ унэ» тыкуэн-музейр, «Эльбрус» тхылътедзапIэр, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр, Композиторхэм я зэгухьэныгъэр, Къэбэрдей-Балъкъэр радиор, Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэр, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондыр.
Мы IуэхущIапIэ псоми я лIыкIуэхэр къэпщытакIуэхэм яхэтт, зэпеуэр къэрал Iуэху хъуат. Ар щекIуэкI къуажэм районым и унафэщIхэр, я нэхъыжьхэр, абы къыдэкIа цIыху цIэрыIуэхэр, къуажэдэсхэр, адэ-анэхэр хэтт.
Ауэ а Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр сабийхэмрэ егъэджакIуэхэмрэт. Абыхэм я зэдэлэжьэныгъэр, абыхэм я зэхуаку дэлъ пщIэмрэ лъагъуныгъэмрэт, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр зэрахъумэным зэгъусэу зэрызэдекъурт.
Сэ си къалэныр си чэнджэщ хуэныкъуэхэм садэIэпыкъунырт, къэпщытакIуэхэмрэ къызэгъэпэщакIуэхэмрэ я лэжьыгъэр зэзгъэуIунырт, къызэзгъэпэщынырт, зэпеуэхэр иуха нэужь, дэфтэрхэр зэгъэпэщауэ текIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэхэр егъэкIуэкIынырт.
Зыри зыми къыдэхъулIэну къыщIэкIынтэкъым, къэпщытакIуэ гупым хэтахэр жэуаплъыныгъэ ин яхэлъу гумызагъэу мылэжьамэ. Уэшх къешхми, щIыIэ уаер етами, пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жэщ хъуху, унагъуэ Iуэхухэри къагъэнарэ, езыхэм я сомкIэ гъуэгу къытеувэу лэжьа гупым сыт хуэдэ фIыщIэри яхуэфащэщ. Гупым яхэтакъым дзыхь зыхуэзмыщI, зи щIэныгъэрэ IэзагъкIэ адрей псоми емыфIэкI егъэджакIуэ. Абы щыгъуэми гупыр инт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, район къэс къикIырт сабий садхэм адыгэбзэ щезыгъэдж, пэщIэдзэ классхэр езыгъаджэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ. Абыхэм я къалэным хыхьэр къэпщытакIуэхэм я лэжьыгъэм хэтыным и закъуэтэкъым, здэщыIам щалъэгъуа фIы псомкIи районым къыщыдэлажьэхэм дэгуэшэжын хуейт.
Сэ нэхърэ нэхъыфI, нэхъ губзыгъэ, нэхъ Iущ цIыхущ дэтхэнэ зыри, ахэр си дамэт, си лэжьыгъэм и псэт, си къаруми, си щIэныгъэми, си лъэкIыныгъэми хагъахъуэу си гъусащ, сыт хуэдэ IуэхуфIхэри къыздаIыгъыу, сыткIи щIэгъэкъуэн къысхуэхъуу.
ГъащIэр цIыхуфI куэдкIэ къысхуэупсат. Абыхэм ящыщу фIыщIэ ин яхуэфащэщ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щылажьэу ди гъуса журналистхэми. Хэт газеткIэ, хэт радиокIэ, хэти телевиденэмкIэ дэнэ щекIуэкIари къатыжащ е тетхыхьыжащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэпеуэр егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институт хъуащ. Дэтхэнэ Iуэхугъуэри гуимыхужу екIуэкIырт, сабийхэри, я адэ-анэхэри, егъэджакIуэхэри зэхьэзэхуэр щекIуэкI махуэм актер Iэзэхэт, режиссер телъыджэхэт, къэфакIуэ бэлыхьхэт, IэпщIэлъэпщIагъкIэ нэхъыфI узыгъэлъыхъуэнхэт.
ЕгъэджакIуэфIым тхылъкIэкъым зэрыригъаджэр сабийхэр, гукIэщ, жаIэ. Гурэ псэкIэ зи щIэблэр зыгъэсэфын егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ куэду тхьэм къыдит.
ЖыIапхъэщ, зэпеуэм и лэжьыгъэм си гъусэу хэта егъэджакIуэхэр ноби къызэрыздекIуэкIыр, ЩэнхабзэмкIэ унэм щетхьэкI «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ», «Анэбзэ», «Си бзэ - си псэ», «Акъыл жан», «Уи къежьапIэхэр», нэгъуэщI проект куэди къыддаIыгъыу къызэрытхэтыр.
Лъэпкъыр зэпызыщIэ
Кэнжэ щекIуэкIа зэхуэсым кърихьэлIат Тыркум и Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым щылажьэ ди лъэпкъэгъухэу, зэпеуэм и къэпщытакIуэу щытахэм ящыщу Инчы Иринэрэ Тэнащ Тамарэрэ.
Иринэ къэпщытакIуэ гупым къызэрыхэкIыжрэ илъэсийм щIигъуащ, ауэ адыгэбзэм ирилэжьэн къигъэнакъым. Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм доценту щолажьэ, адыгэбзэр хамэ къэралыбзэу щрегъэдж. Тырку университетым дерс зыбжанэ щрегъэдж, абыхэм ящыщщ адыгэ сабий литературэр.
- Адыгэ сабий литературэмкIэ езгъаджэхэм нэхъ ягу дыхьэр, мы зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм жыджэру яхэта, радиожурналист, тхакIуэ Вындыжь Марие и IэдакъэщIэкIхэрщ. Абы и сабий уэрэд цIыкIухэм нэмыщI, «Бзу анэм и уэрэд» япэ адыгэ мюзиклыр ядогъэцIыху хамэ къэралым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм. Ар хуабжьу ягу ирохь ди еджакIуэхэм, уеблэмэ дзапэ уэрэду зрагъэщIауэ жаIэ.
Сэ езгъэджа, университетыр къызэриухрэ илъэс зыбжанэ хъу Беслъэней Хьэлимэ, колледжым адыгэбзэмкIэ щрегъаджэ, абы нэмыщI Адыгэ хасэм къекIуалIэхэми ядолажьэ. Ар апхуэдизкIэ дихьэхат а мюзиклми, Адыгэ Хасэм илъэсыр икIа нэужь ялэжьар къыщызэщIакъуэжу ягъэхьэзыр пшыхьым щигъэуват. Абы къемыкIуэлIа зы адыгэ Къайсэр къыдэна хъунтэкъым. Мюзиклым сабий 30-м нэс хэтащ, ныбжькIэ зыщхьэщыкIыу. Абыхэм фащэ дахэхэр хурагъэдри, екIуу утыку кърагъэхьат.
Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр хэкумрэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ зэпытщIэнырщ. «Си бзэ - си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэр республикэм икIри, адыгэ щыпсэу хэгъэгухэми нэсащ. Сэ сыхуейт ар дяпэкIэ нэгъуэщI къэралхэми къащтэу, дэнэ щыпсэу адыгэри зэпищIэу, программэ лъэрызехьэ хъуну.
2011 гъэхэм зэпеуэм сэ сыщыхыхьам федеральнэ стандартхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэу хуежьа къудейт. Совет методикэм къыщхьэщыкIыу, егъэджакIуэр и закъуэу псалъэу дерсым щIэмыту, еджакIуэхэри жыджэру дерсым хэтыну къыщыгъэлъэгъуат стандартыщIэм. Ар егъэджэныгъэм хэпщэнымкIэ зэпеуэр хуабжьу сэбэп хъуауэ схужыIэнущ.
А жыпхъэм къызэщIиубыдэ Iэмал гъуэзэджэ куэд щытлъэгъуащ дызыщIэса дерсхэм. СтандартыщIэм къигъэув къалэнхэр адыгэбзэр егъэджыным хэзыпщар лъэпкъ егъэджакIуэхэращ. Ар щытлъэгъуащ зи гугъу тщIы фестивалым. Бзэр, хабзэр хъумэныр зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытамэ, щIэныгъэ ухуэкIэм зыщихъуэжым нэхъыбэж хъуащ абы и пщэ къыдэхуэр.
Мы зэIущIэм ди лэжьыгъэ Iыхьэ куэд сигу къигъэкIыжащ. ЕгъэджакIуэфIхэр, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр нобэ зэрыслъэгъуам папщIэ фIыщIэр зейр сыт щыгъуи ди пашэ Балэ Людмилэщ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и нэIэ щIэту, дэтхэнэ зэпеуэри абы къыдэлажьэхэм ятхыжурэ «Адыгэ псалъэм» етIуанэ махуэм къытехуэжу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБКъУ-м и ректор Къарэмырзэ Барэсбий, КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм щылажьэу, ар зи IэмыщIэ илъа Балэ Людмилэ сымэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэрат дэ Москва лъэпкъыбзэхэмкIэ щекIуэкI зэпеуэм тшэхэр икIи увыпIэ хъарзынэхэр къыщахьырт. Сэ хуитыныгъэ сиIэщ жысIэну: «Си бзэ – си псэ, си дуней» фестиваль-зэпеуэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ зэрадж методикэщIэр зэхигъэуващ.
Илъэсих хъуауэ Эрджиес университетым ЛитературэмкIэ и факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ щрегъаджэ Тэнащ Тамарэ:
- Ди факультетым щеджэ тыркухэми нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэми яфIэгъэщIэгъуэну ядж ди къэралыбзэр икIи ар къэзыухахэр тырку-урыс фирмэшхуэхэм щолажьэ, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм егъэджакIуэу макIуэ, зэдзэкIакIуэу мэлажьэ. Адрей IэщIагъэхэм къащхьэщыкIыу, Тыркум щIэупщIэшхуэ щиIэщ урысыбзэр зыджа IэщIагъэлIхэм. Зы илъэсым студент 80-90 идогъаджэ.
«Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм нэхърэ нэхъыфI Iуэху кърагъэжьэну къыщIэкIынкъым. Сыт хуэдэ къуажэ дыкIуами, сыт хуэдэ щIыналъэ дихьами жытIэрт: «Апхуэдэ щIэблэ диIэху, адыгэр дыкIуэдыжынукъым». Ирэ сэрэ дыкъэкIуэжауэ техуати, ди гуапэ дыдэу зыкъредгъэхьэлIащ мы зэхуэсым. Дэтхэнэ зы бзылъхугъэми гуащIэшхуэ къызэринэкIащ, ноби емытIысэхауэ мэлажьэ.
А зэхьэзэхуэм хэтахэм ящыщу зы егъэджакIуи, зы сабии ягу ихужынукъым абы щыгъуэм екIуэкIар. Мис апхуэдэ Iуэхухэрщ щIэныгъэм, IэщIагъэм, Iэзагъым лъабжьэ хуэхъури, къызэтемыувыIэу егъэкIуэкIын хуей зэпеуэщ.
Тхыгъэри сурэтри
НэщIэпыджэ Замирэ ейщ.