Удз гъагъэхэм я фестивалым

КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум блэкIа зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ще­кIуэкIащ цIы­хухэм фIыуэ ялъэгъуауэ гъэ къэс зы­пэп­лъэ, удз гъагъэхэм я «Гъэмахуэр икIащ» VI фестивалыр. Налшык къа­лэм зегъэу­жьы­нымкIэ «Плат­форма» институтым ар къызэрагъэпэщащ Къэ­бэ­рдей-Балъ­къэ­рым и Къэ­ралыгъуэмрэ къа­лэм и махуэмрэ щагъэ­лъапIэм ирихьэлIэу.

Илъэс еханэ хъуауэ екIуэкI «Гъэмахуэр икIащ» фестивалыр ящыщщ щIыналъэм исхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ темыпыIэжу нэхъ зыпэплъэ зэхыхьэ щIэщыгъуэхэм. Абы и хьэщIэ лъапIэ хъуащ УФ-м Мэ­къумэш хозяйствэмкIэ и ми­нистр Лут Оксанэрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ. 
Пщэдджыжьым щыщIэ­дзауэ утым щызэхуэсащ къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэ­щIэхэмрэ, къалэм и махуэш­хуэр зэдагъэлъэпIэн папщIэ. Удз гъагъэ щхъуэкIэп­лъыкIэ­хэр, арт-ухуэныгъэ гъэщIэ­гъуэнхэр, IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр, хьэпIацIэщыгъэ­кIэ зэIуща цIыкIуфэкIухэр, гуа­щэхэр, ятIэ гъэжьам, пхъэм, гъущIым, цым, фэм, щэкIым, тхылъымпIэм къыхэ­щIы­кIа хьэп­шыпхэр, хьэкъу­щыкъу­хэр, бзылъхугъэхэм зэ­рыза­гъэ­дахэ цIуугъэнэхэр, фэилъхьэгъуэхэр, зэрыджэгу хьэп­шыпхэм я жармыкIэхэр, уэ­рам театрхэм я лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр – къызэгъэпэща­кIуэхэм сыт хуэдэ ныбжьым итхэми гулъытэ хуа­щIат. МакъамэкIэ гъэнщIа, аниматорхэм я джэгухэмкIэ ягъэ­дэха, мастер-класс щхьэ­пэхэр ще­кIуэкIа махуэшхуэр нэгу­зыужь хъунтэкъэ?! 
КъэкIыгъэхэр фIыуэ зы­лъагъу ини цIыкIуи а махуэм я IутIыжт! ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум и мызакъуэу, «ЗыгъэпсэхупIэ» скверри а махуэм цIыху кIуапIэ хъуат икIи къыумыцIыхужыну щхъуантIагъэрэ дахагъэкIэ гъэнщIат. ЩIыуэпсым къигъэщIа дахагъэхэм ящыщ удз гъагъэхэм цIыхухэм я гукъыдэжыр къы­зэраIэтам, зэрагъэгуфIам шэч хэлъкъым. Зи плъыфэрэ теп­лъэкIэ зэщхьэщыкI, мэ гуа­кIуэ къызыпих гъэгъа телъыджэхэм дэтхэнэми тхыдэ гъэщIэгъуэн яIэжщ. А лэжьыгъэхэм гъунэгъуу бгъэдыхьэу еплъ, ягу ирихьхэр я щхьэм папщIэ е саугъэт щIыкIэу къащэху хъунут. ХьэщIэхэм Iэмал яIащ къэкIыгъэ щхьэхуэхэм, махуэ къэс узримыхьэлIэхэри хыхьэу, зыщагъэгъуэзэну, су­рэтхэр зытрагъэхыну. Удз гъагъэ зэмыфэгъухэмрэ къэкIыгъэхэмрэ я дахагъэм зэреплъам къыдэкIуэу, ахэр зыгъэкIхэм зыхуагъэзащ я Iэ­щIагъэм и щэхухэмрэ удзхэм уазэрыкIэлъыплъынумрэ теухуа упщIэхэмкIэ. Удз гъагъэхэр зыгъэкIхэр яхутепсэ­лъыхьащ я удз лIэужьы­гъуэ­хэм, абыхэм зэрелэ­жьым, зэ­рыкIэлъыплъым, удз гъагъэ­хэм я «хьэл-щэнхэм». Но­бэ дунейм удз гъагъэ лIэу­жьыгъуэу 260-м щIигъу тетщ. Ахэри зыбжанэу зэщхьэщокIыж. Языныкъуэхэр жыг пэ­лъытэщ. СурэткIэ е видеокIэ фIэкIа узримыхьэлIэ къэкIыгъэ телъыджэхэри щыIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ кIуэдыж лIэужьыгъуэхэри.
Къуалэбзухэр щыхуарзэ, удз гъагъэхэмрэ къэкIыгъэ­хэм­рэ щыкуэд жыг хадэу къызэрагъэпэща арт-ухуэныгъэм а махуэм зыщуплъыхьы­ныр гур хэзыгъахъуэт. ЦIыху­хэм я тыншыгъуэт тетIыс­хьэ­пIэхэр куэду зэрагъэувари. 
Фестивалым хэтащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм, Ставрополь крайм, Москва къи­кIа ландшафт дизайнерхэмрэ удз гъагъэхэр зыгъэкI цIыху щхьэхуэхэмрэ, ар щащэ тыкуэнхэм я лэжьакIуэхэр, IэпщIэлъапщIэхэр, Кавказ Ищ­хъэрэмрэ Урысей Ипщэм­рэ я щIыналъэхэм ящыщхэр. Къызэхуэсахэм я нэгу зра­гъэу­жьащ Москва къикIа «Вы­сокие братья» уэрам теат­рым и артистхэм. Гуащэ теплъэ зиIэ, лIыхъужь цIэры­Iуэхэм я фэилъхьэгъуэхэмкIэ зызыхуэпа артистхэм ягъэ­лъэгъуащ гушыIэ жанрым щыщ спектаклхэр. Ахэр ба­лигъхэми сабийхэми щIэщы­гъуэ ящыхъуащ.
Хабзэ хъуауэ, мы фестивалым унагъуэхэр, зэныб­­жьэ­гъу­хэр зэгъусэу хэтщ, республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэ­щIэхэмрэ я дежкIэ мыр щIэщыгъуэщ, зэкъуегъэувэ, гуапагъэрэ дахагъэкIэ гъэн­щIащ. Зэхыхьэм екIуэлIахэм я нэгу зиужьауэ, удз гъагъэ лIэужьыгъуэхэм зыщагъэ­гъуэ­зауэ, абыхэм ящыщи къащэ­хуауэ зэбгрыкIыжащ.
Тхыгъэри сурэтхэри Бжьыхьэ Розэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.

13.07.2026 - 10:01

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

12.07.2026 - 09:03

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.