Урысей Федерацэм и цIыхухэм ику иту къахь улахуэр хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуащ. ЖыпIэнурамэ, илъэс пIалъэм къриубыдэу процент I4,5-кIэ абы хэхъуащ икIи 2025 гъэм и япэ мазихым ар сом мин 96,22-м нызэрыхьэсащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, дызэрыт илъэсым и 2-нэ мазищым къриубыдэу ику иту ят улахуэхэр сом мини I00-м зэрынэсар. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар сом мин I3,53-кIэ нэхъыбэщ е процент I4,9-кIэ хэхъуащ. 2025 гъэм и япэ мазищми абы хэхъуащ сом мини 7,7-кIэ е проценти 8,36-кIэ.
«Хабзэ зэрыхъуауэ, улахуэ нэхъыбэ къэзыхьхэр щылажьэр щIым и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэзых IэнатIэхэрщ (хуэди 2,I5-кIэ нэхъыбэщ адрей IэнатIэхэм елъытауэ, е сом мин 206,98-рэ), адэкIэ къыкIэлъыкIуэр финанс хуэIухуэщIэхэм пыщIахэрщ (сом мини I99-рэ, е хуэди 2,7-кIэ нэхъыбэщ). Информацэмрэ зэпыщIэныгъэ IэнатIэмрэ пэрытхэм я улахуэр сом мини I75,89-рэ мэхъу е хуэдэ I,83-кIэ нэхъыбэщ адрейхэм яйм нэхърэ.
Къыхэдгъэщынщи, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент I5-м щIигъукIэ нэхъыбэ хъуащ къэралым и экономикэм и IэнатIэ куэдым мы гъэм ику иту щат улахуэхэм я куэдагъыр. ЖыпIэнурамэ, ухуэныгъэ IэнатIэм щыхэхъуащ процент I6,3-кIэ. Продукцэхэр къыщIэзыгъэкIымрэ абыхэм елэжь IуэхущIапIэхэмрэ пэрытхэм процент I5,9-кIэ», - жиIащ УФ-м и Правительствэм и Финанс университетым и доцент Балынин Игорь.
Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ къэралым и экономикэм и IэнатIэхэм я нэхъыбэм я улахуэхэм и куэдагъымкIэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр къызэрыдахьэхыр, абы кърикIуэуи, УФ-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэм ифI зэрекIыр.
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я гугъу тщIымэ, 2025 гъэм и бадзэуэгъуэм ирихьэлIэу ику иту абыхэм щата улахуэхэм я куэдагъыр зэрыхъуар сом мин 4I-5I-рэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Росстатым къызэритамкIэ, 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я хэхъуэм зэрыхэхъуам и куэдагъымкIэ (проценти 8,7-рэ) КИФЩI-м япэ увыпIэр щиIыгъащ. А пIалъэм къриубыдэу къэралым ику иту щыщыIа бжыгъэр проценти 8,4-рэщ, Кавказ Ищхъэрэм проценти 5,3-рэ.
2025 гъэм и щIышылэм – гъатхэпэм, зэкIэ къызэрабжамкIэ, ику иту ята улахуэм и куэдагъыр сом мин 47,6-рэ хъуащ е нагъэбэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти II2,2-кIэ хуэкIуэу.
2024 гъэм ди республикэм ику иту щата улахуэр зэрыхъуар сом мин 37,3-рэщ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.