Псоми ди къарур зэщIэдгъэуIуэмэ...

Дыгъуасэ, фокIадэм и 3-м, Налшык къалэм и Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж ще­кIуэкIащ Терроризмэм пэ­щIэтыным и махуэм теухуа пэкIу.
 
Фэеплъ махуэр ягъэувауэ щы-тащ 2005 гъэм «Урысейм и Дзэ щIы­хьым и махуэхэм теухуауэ» федеральнэ законым ипкъ иткIэ. Ар теу­хуащ Беслъэн къалэм и курыт школ №1-м щIэпхъаджащIэхэр щытеуам, ди гъунэгъу республикэм къыщы­хъуауэ щыта гузэвэгъуэшхуэм. Абы щыгъуэм цIыху 334-рэ хэкIуэдащ, сабийр нэхъыбэу. Ахэр нобэ дигу къы­щыдгъэкIыжкIэ, терроризмэм пэ­щIэ­тыным и мыхьэнэр, апхуэдэ къэд­гъэхъу зэрымыхъунур нэхъри зыхы­до­щIэ. 
2025 гъэм ТекIуэныгъэ Иным и илъэс 80-р догъэлъапIэ, Урысей Федерацэм и Президентым Хэкум и хъу­макIуэм и илъэсу игъэувауэ. ­Къи­щынэмыщIауэ, мы гъэм илъэс 20 ирокъу IэщэкIэ зэщIэузэда гупхэр Нал­шык къалэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм зэрытеуэрэ. Фэеплъ махуэм ягу къыщагъэкIыжащ КъБР-м ис мус­лъы­мэнхэм я дин IуэхущIапIэм и уна­фэщIу щыта ПщIыхьэщIэ Анас щIэпхъаджащIэхэм зэраукIрэ илъэс 15 зэрыхъуари. 
ПэкIум хэтащ щIыналъэ уна­фэщI­хэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, рес­публикэм щыпсэухэр, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ, лъэпкъ, дин зэ­мы­лIэу­жьыгъуэхэм щыщхэр, IэщIагъэ  зэхуэ­мы­дэ зиIэхэр. Ахэр едэIуащ Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я къэрал гимнхэм. ПэкIум и пэм цIыхухэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ терроризм щIэпхъаджагъэхэм хэкIуэдахэм. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ    Казбек и телеграм-каналым мы Iуэхум теухуауэ щитхам къыщыхигъэщащ 2004 гъэм Беслъэн къыщыхъуауэ щыта гузэвэгъуэм терроризмэр зищIысыр нэрылъагъу зэрищIар, апхуэдэ гущIэгъуншагъэр къызыхэ­кIам щхьэу­сыгъуэ къызэрыхуумы­гъуэтыфынур. «Мы махуэм ди щхьэр яхудогъэщхъ террорист щIэпхъаджащIэхэм яIэ­щIэкIуэдахэм, лIыгъэ зэрахьэу, цIыху­хэм я шынагъуэншагъэр яхъу­мэу бзаджащIэхэм япэщIэ­тахэм. Ноби ди къэралыр гъэунэху­ныгъэ­щIэхэм пэщIэтщ, Киевым зэрихьэ залымыгъэр къызэтригъэувыIэн пап­щIэ. Украинэм щыщ неонацистхэмрэ абыхэм я Iуэхухэр ядэзыIыгъхэмрэ хущIокъу ди цIыхубэр зэфIагъэщхъэну, ягъэшынэну. Ди къалэнщ а къарухэм дапэщIэтыныр, бы­дэу дызэ­рыубыду дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэ­пыкъуэгъу дахуэхъуну. Си фIэщ мэхъу дызэгъу­сэу зэрытхуэгъэкIуэ­дынур террориз­мэмрэ абы къишэ шынагъуэмрэ», - итхащ республикэ Iэтащхьэм.
КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и япэ къуэ­дзэ Мисиров Хъызыр къызэхуэсахэм защыхуигъазэм жиIащ псэкIи акъылкIи терроризмэм дыпэщIэтын зэрыхуейр. «Зы дин щыIэкъым терроризмэр игъэдахэу е игъэзахуэу. Абы зэраныгъэу къишэр нэхъыбэщ. Псоми ди къарур зэщIэдгъэуIуэмэ, а къэхъугъэ шынагъуэм дытекIуэфынущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIэпхъаджащIэхэм я зэранкIэ ди цIыхухэр хокIуадэ. ДызыщIэхъуэпсыр зыщ: щIэблэр дуней мамырым щыпсэу­нырщ», - къыхигъэщащ къэпсэлъам. 
Абы жиIам пищэу, Налшык округым, Псыхуабэ, Шэрджэс епархием я члисэхэм я благочиннэ Бобылёв Валентин жиIащ: «Нобэ дыщIызэхыхьар терроризмэр къызэремызэгъыр, ар зэрыдмыдэр жытIэн папщIэщ. Анэ­хэм, сабийхэм я нэпс щыдмылъагъу дуней дахэ щреIэ! ЛIыгъэ зезыхьэу хэ­кIуэдахэр жэнэткIэ къахуэупсэну Тхьэ дахуолъэIу».
- Нобэрей махуэм хуэдэм дигу къе­гъэ­кIыж ди зэкъуэтыныгъэм и мы­­хьэнэр зэрыиныр, абы куэд зэрелъытар. Беслъэн къалэм къыщы­хъуауэ щыта гузэвэгъуэр дигу къы­щыдгъэкIыжкIэ, зыщыдгъэгъупщэнкIэ Iэмал иIэкъым я псэ емыблэжу щIэпхъаджащIэхэм япэщIэтахэр. Тер­роризмэм насыпыншагъэ фIэкIа нэгъуэщI къихькъым. Абы сыт пэдгъэувыфынур? ЩIалэгъуалэр уна­гъуэ хабзэхэм къыщIэгъэтэ­джы­кIынырщ, щхьэж и щIэныгъэм, лэ­жьы­гъэм жэуаплыныгъэ хэлъу пэрыгъэхьэнырщ. Апхуэдэ жылагъуэм зэран къыхуэхъужыфын щыIэкъым. Дыхуейщ цIыхухэм гущIэгъу яхэлъу, зыр адрейм дэIэпыкъуу мамыру дып­сэуну, - къэпсэлъащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-­Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Забаков Азэмэт.
Дзэ Iуэху хэхам и ветеран, «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым и лэжьакIуэ ПщыхьэщIэ Ахьмэд жиIащ Беслъэн къалэм къыщыхъуа щIэп­хъа­джагъэр Урысей псом гуауэшхуэ щыхъуауэ зэрыщытар. «Дэ езым дэ­лъытащ ди къэралыр ефIакIуэу, цIыхухэр зэгурыIуэу псэуныр. Абы щы­гъуэщ щIэпхъаджагъэм дыщы­пэ­лъэщынур», - къыхигъэщащ Ахьмэд. 
Терроризм гупсысэхэм димы­хьэ­хын­ым, ди лъэпкъ хабзэхэм я гущIыIу ахэр къэ­мыгъэкIуэным щIалэгъуалэр къыхуриджэу пэкIум къы­щыпсэлъащ «Вече» урыс щэнхабзэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман. 
- Нобэ хуэдэу дощIэж 2004 гъэм фокIадэм и 1 - 3 махуэхэм Беслъэн къы­щы­хъуа гузэвэгъуэм теухуа хъыбар гуэр телевизорымрэ газетхэмкIэ къытIэрыхьэным дыпэплъэу ды­зэры­щысар. ПщIэрэ щIыхьрэ яхуэфащэщ а махуэхэм лIыхъужьыгъэ зезыхьахэм. ХэкIуэдахэм я фэеп­лъыр нобэ хуэдэ махуэм дохъумэ. Тхъу­мэнущ ди щэнхабзэри, хедгъэгъэкIуэдэнукъым ди лъэпкъ хъугъуэ­фIыгъуэхэри. Дунейпсо террориз­мэм иджыпстуи ди щIалэхэр пэщIэтщи, аргуэру зэ нэрылъагъу хъуащ Урысейр зэры­лъэ­рызехьэр», - пищащ жаIам ­КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтым и лауреат, республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт Мэзукъэбз Аслъэн. 
БАГЪЭТЫР Луизэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2026 - 09:18

ПэхуэщIэхэр, туризмэр, транспортыр...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

20.04.2026 - 09:14

IэщIагъэм гуапагъэ хелъхьэ

Балэгъы Лианэ Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэм щыщщ.

19.04.2026 - 09:03

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ.

19.04.2026 - 09:03

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI.

18.04.2026 - 09:03

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-п