ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ зыхэлъхэр

Урысей МВД-м полицэм и плъыр-пост ­къулыкъумрэ административнэ законодательствэр гъэзэщIэнымкIэ и IэнатIэхэмрэ къыщызэрагъэпэща махуэм и щIыхькIэ КъБР-м щыIэ МВД-м Iуэху ­гуапэ щекIуэ­кIащ.

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру ­КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир къеджащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ, полицэм и генерал-полковник Горовой Александр къыбгъэдэкI фIэхъусым. 
«Плъыр-пост къулыкъум и лэжьакIуэхэм нэщIысауэ ягъэзащIэ хуагъэува къалэнхэр. Абыхэм я лэжьыгъэм гугъуехь куэд пыщIащи, лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъын хуейщ. Абыхэм яIэщIэлъщ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр, ипэжыпIэкIэ ахэрщ зы­хъумэр жылагъуэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ. ФIыщIэшхуэ яхузощI ветеранхэм, къулыкъум епха хабзэр зэрагъэбагъуэм, я Iэзагъэр лэжьакIуэщIэхэм зэрыбгъэдалъ­хьэм папщIэ», - къыхощ къы­зэ­рехъуэхъум.
Полицэм и полковник Мамхэгъ Назир къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру ­КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав къыбгъэдэкIыу IэнатIитIым я лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуи­щIащ, гупым махуэшхуэмкIэ ехъуэхъури, фIэхъус тхылъ иритащ жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ полицэм и унафэщIым и ­къуэдзэ, полицэм и полков-ник Шаваев Арсен. 
- Фи лэжьыгъэм и унэтIыныгъэр, сыт щыгъуи хуэдэу, мыхьэнэшхуэ зиIэхэм язщ. Мы махуэшхуэм гум къыбгъэдэкIыу сы­ны­вохъуэхъу насыпрэ узыншагъэ быдэкIэ гъэнщIа гъащIэ фиIэну, адэкIи ехъулIэныгъэхэр зыIэрывгъэхьэну! - къыхигъэщащ ­Мамхэгъ Назир. 
Зи къалэнхэр хьэлэлу езыхьэкI, ехъулIэныгъэ зиIэ лэжьакIуэхэм мы зэIущIэм щратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр, министрым къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр. 
БАХЪСЭН  Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.