Нэхъ лъэщхэр Грознэ макIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ пашэныгъэр къы­щыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Кэнжэ къуажэм дэт  спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и щIыналъэхэм я бэнакIуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 200-м щIигъу, я ныбжь­кIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр ­къыщахьащ Джэданэ Амырхъан, Къуэныкъуей Идар, Шыгъэлыгъуэ Аскэр, Къамбий Сэфарбий, Хъуран Къантемыр, Къущхьэкъан Амир, Шыкъ Эльнур, Къуэдз Алий, Мусуков Алим, Къумыкъу Алинэ, Баженовэ Изабеллэ, Акимовэ Дарье, Бобровэ Адэ, Къущхьэ Ясминэ, Щад Дилианэ сы- мэ. 
Иджырей зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ икIи абы ­кърикIуахэм ятещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ко­мандэм бэнакIуэ нэхъ лъэщхэр хагъэхьащ. Мы гъэм ахэр хэтынущ Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Грознэ къалэм махуищкIэ щекIуэкIыну зэпеуэм. Абы щыщIидзэнур фокIадэм и 5-рщ.

КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.