КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм

Шэшэн республикэм и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм щыIащ Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу советым и зэхуэс. Ар иригъэкIуэкIащ Шэшэным и унафэщIым и чэнджэщэгъу, республикэм и муфтий, зи гугъу тщIа IуэхущIапIэм и унафэщI Межиев Сэлахь-хьэжы. 
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу муслъымэнхэм я зэкъуэтыныгъэр нэхъри зыгъэбыдэну Iуэхугъуэхэм, зэфIагъэкIыну я мурад псапащIэ проектхэм. ЗэIущIэм советым и зэхэтыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр щы­халъ­хьащ, щIэуэ унэтIыныгъэ зыбжанэ къыхагъэхьащ. ФэтуэхэмкIэ совет, Эксперт совет, ТыгъэхэмкIэ комиссэ, Кавказ Ищхъэрэм ислъам щIэныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ и совет, ЗэфIэнахэр зэзыгъэкIуж совет хуэдэхэм къапэщылъ къалэнхэм тепсэлъыхьащ. 
 КИФЩI-м хиубыдэ республикэхэм ящыщу, а советхэм хэтхэм я лэжьыгъэр яубзыхуащ. Межиев Сэлахь-хьэжы къыхигъэщащ хабзэкIэ къекIуэкI ислъам диным и лъапIэныгъэхэр хъума хъун папщIэ, псоми я лэжьыгъэр зэрагъэуIун зэрыхуейр. «Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыналъэм и щIалэгъуалэр гъуэгу захуэм темыгъуэщыкIын папщIэ», - жиIащ Межиевым. 
*   *   *
КъБР-м и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм и нэIэ щIэту лажьэ «Гъэмахуэ курс-2025» дерсхэм щеджэхэр, Мэжджыт нэхъыщхьэм щылажьэ егъэджакIуэхэр я гъусэу, ­КъБР-м и Лъэпкъ музейм щыIащ. Абыхэм ирагъэлъэгъуащ пасэрей мэкъумэш Iэмэпсымэхэр, тхыдэ фэеплъхэр, хъыбар гъэщIэгъуэнхэм ирагъэдэIуащ. НыбжьыщIэхэм я нэгу щIэкIар гукъинэж ящыхъуащ.
*   *   *
«Мэшыкъуэ» щIэныгъэ центрым шыщхьэуIум и 9-16-хэм щызэхэтащ «ЕхъулIэныгъэм хуэунэтIащ» щIалэгъуалэ зэхуэс. Программэм хеубыдэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и аппаратым епха Къэрал сабий советым хэту зи ныбжьыр илъэс 14 - 17 ирикъуахэр. А дауэдапщэм и зы Iыхьэт «Псэкупсэ» зыфIаща зэхуэсу дин лэ­жьакIуэхэм ирагъэкIуэкIар. Абы къыщыпсэлъащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэ­дзэ, Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и егъэджакIуэ нэхъыжь Сыжажэ Алим. Дин лэжьакIуэм «Псэкупсэ гъэсэныгъэмрэ цIыхухэр зэдэIэпыкъужу псэунымрэ диным щиубыд мыхьэнэм» псалъащхьэм щIэт и къэпсэлъэныгъэр утыку кърихьэри, къызэхуэсахэм я упщIэхэми жэуап иритащ. 
*   *   *
Iэбу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым очнэуи заочнэуи щеджэну, «дин IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ», «теологие» IэщIагъэхэм я дипломыр зыIэрызыгъэхьэну хуейхэм папщIэ къэпщытэныгъэхэр екIуэкIащ. Экзаменхэм хеубыдэ жэуап хьэзырхэм пэжыр къыхэхын щыхуей «тестхэр», щIэныгъэр къызэрапщытэ тхыгъэ, егъэджакIуэм епсэлъэныгъэ. КъинэмыщIауэ, университетым щIэтIысхьэхэр я къурIэн къеджэкIэмрэ ислъам диным и тегъэщIапIэхэм зэрыхащIыкIымкIэ ягъэунэху. Комиссэм хэтащ еджапIэ нэхъыщхьэм и егъэджакIуэхэу КIэрэф Жамболэт, НэщIэпыджэ Мухьэмэд, ПщыхьэщIэ ­Iусамэ сымэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэну хэта цIыху 60-м ящыщу пхыкIахэр шыщхьэуIум и 15-м къагъэнэIуащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.