ЦIыху куэд щызэблокI![]() 2025 гъэм и мазиблым къриубыдэу Налшык къалэм и аэропортым цIыху 102031-рэ щызэблэкIащ. Нэгъабэ и щIышылэм - бадзэуэгъуэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10-кIэ нэхъыбэщ ар. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу ди аэропортым зыщаIэтащ е къыщетIысэ- хащ псори зэхэту кхъухьлъатэ 634-рэ, ари процент 16-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрей бжыгъэхэм елъытауэ. А псор яхузэфIэкIащ пассажирхэм я терминалхэр иджырей мардэм зэрыхуагъэкIуам, цIыхухэр я рейсхэм пэплъэу зыщIэс пэшхэр нэхъ ин зэращIам, гъуэгугъэлъагъуэхэр къызэрыхагъэбелджылыкIам, цIыхухэм я хьэпшыпхэр къэпщытэным трагъэкIуадэ зэманыр нэхъ мащIэ зэрыхъуам, ныкъуэдыкъуэхэм зекIуапIэ щхьэхуэхэр зэрыхухахам я фIыгъэкIэ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||







