Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, мазэ етIуанэ хъуауэ нэхъ мащIэ хъууэрэ йокIуэкI. Мэкъуауэгъуэ мазэм ар зэрыхъуар проценти 9-щ икIи къэралым ику иту къыщекIуэкIым нэхърэ нэхъ цIыкIущ. Апхуэдэу щыхъукIи, накъыгъэм щыIа уасэхэм куэдкIэ щхьэщыкIакъым, къитащ Урысей Банкым.
Иужьрей мазихым зэкIэлъыкIуэу джэдыкIэм и уасэм республикэм щыкIэроху. Ар къызыхэкIар джэдыкIэу кърахым и куэдагъым КъБР-ми къэралми зэрыщыхэхъуарщ. Зы мазэм къриубыдэу абы и уасэм процент I8-кIэ кIэрыхуащ, нэгъабэ мэкъуауэгъуэм щыIа бжыгъэхэм ебгъапщэмэ - процент 22-кIэ нэхъ мащIэщ. ДжэдыкIэр нэхъ пуд дыдэ щыхъуар 2023 гъэм и бадзэуэгъуэрщ.
Апхуэдэу, мы гъэм и мэкъуауэгъуэм хадэхэкIхэм я уасэми кIэрыхуащ, накъыгъэм елъытауэ. Абы хохьэ къэбыстэр, бжьыныр, бэдрэжаныр, кIэртIофыр. Ахэри нэхъ пуд щIэхъуар сату щIыпIэхэм куэду зэрыщащэрщ.
ЦIыхухэр къезышэкI транспортхэм я Iуэхутхьэбзэхэр нэхъ лъапIэ хъуащ дызэрыт илъэсым и мэкъуауэгъуэм. Щхьэусыгъуэр – щIэупщIэм зэрыхэхъуарщ. А Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэхэм гъэсыныпхъэмрэ машинэм пкъралъхьэ пкъыгъуэхэмрэ трагъэкIуадэ ахъшэр билет уасэхэм хагъэхьащ.
«Зэман кIыхь хъуауэ Урысей Банкым ставкэ нэхъыщхьэм и процентыр лъагэу иIыгъщ. Статистикэм къит хъыбарымрэ цIыхухэм драгъэкIуэкI щIэупщIэныгъэхэм къарикIуахэмрэ я тегъэщIапIэу, экспертхэм нобэ къыхагъэщ щIэупщIэм зэрыкIэрыху зэпытыр. Абы и Iэужьыр, дауэ щIыи, уасэхэми ялъоIэс. Аращи, инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, республикэми къэралми нэхъ цIыкIу щыхъуурэ макIуэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым, псалъэм папщIэ, связь зэпыщIэныгъэхэм я Iэмэпсымэхэмрэ компьютерхэмрэ я уасэм кIэрыху зэпытщ. ЩIыхуэу ят ахъшэмрэ хъумапIэхэм халъхьэхэмрэ я процент ставкэхэр зэрылъагэм къыхэкIыу, банкым щIыхуэ къыщащтэным цIыхухэр нэхъ темыгушхуэ ещI, я мылъкури езыхэм яхъумэжыным ирегъэгупсыс. Абы къыхэкIыу, цIыхухэр япэу икIи нэхъыбэу зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэм я щIэупщIэхэм кIэроху. Хамэ къэралхэм къраша хьэпшыпхэри нэхъ пудщ, сомым «зэрызигъэбыдам» къыхэкIыу», - жиIащ Урысей Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ Балаев Расул.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м Урысей Банкым ставкэ нэхъыщхьэм и процентыр I8-м нэсыху иригъэхащ. АдэкIэ, зэхъуэкIыныгъэ щыIэнухэр инфляцэм зэрызихъуэжым елъытауэ щытынущ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.