Лъэхъэнэр зэхуащIыж

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым щы­зэхуащIыжащ 88-нэ театр лъэхъэнэр. 

Лъэпкъ театрым и ре­пертуарым иджыпсту лэжьыгъэ 30 къызэщIеубыдэ. Абы хохьэ балигъхэми сабийхэ­-   ми яхуэгъэза лъэпкъ, клас­сикэ, иджырей драматургием  щыщ спектаклхэр. КIэух концертым хы­хьэу ягъэлъэгъуащ щIэупщIэ нэхъ зиIэ теплъэ­гъуэхэм щыщ пычыгъуэхэр. Ар къызэрагъэ­пэщащ 88-нэ  лъэ­хъэнэр зэриухым ирихьэлIэу. Хабзэ зэрыхъуауэ, кон­цертыр театр бжэIупэм уджкIэ щызэхуа­щIыжащ.
Театрым иджыпсту цIыху 40 щолажьэ. Абыхэм ящыщщ Урысейм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артистхэр. Спектаклхэм зэгурыIуэу що­джэгу нэхъыжьхэри щIалэ­гъуалэри. 
Театр лъэхъэнэр зэхуа­щIыжын ипэ абы щагъэува концертым зригъэхьэлIащ ­Истамбыл къикIауэ ди респуб­ликэм щыхьэщIэ Мельгош Юксель. Хэкужьым ар иджы етIуанэу къокIуэри, лъэпкъ ­театрым фIэфIу макIуэ. 
Апхуэдэу, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрми и 88-нэ лъэхъэнэр щызэхуащIыжащ. Театрыр фIыуэ зылъагъу са­бийхэри балигъхэри зэхуишэсащ абы бадзэуэгъуэм и 30-м щагъэлъэгъуа, Дежуров Арсений урыс цIыхубэ таурыхъым къытрищIыкIа «Царевна-лягушка» спектаклыщIэм. 
- Зэрысабийрэ псоми  ящIэ таурыхъым лъабжьэ хуэ­-хъуащ пэжыгъэр, шыIэр, гъэгъуныр, хъуэпсапIэм ерыщу хуэкIуэныр. Абы театр­еплъхэр къыхуреджэ и теп­лъэм­кIэ цIыхур фIырэ IейкIэ зэхамыгъэкIыну, атIэ дэтхэнэми фIагъи щыуагъи зэ­ры­бгъэдэлъыр къалъытэну, - жеIэ лэжьыгъэм и режиссёр, ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Толстовэ Еленэ. - Сюжетыр са­бийхэри балигъхэри дэзы­хьэхщ. Аращ театреплъхэм ар гъэщIэгъуэн щIащыхъури. ЦIыхум и увыпIэ гъащIэм къызэрыщигъуэтыжым теу­хуащ мы таурыхъыр. Лэжьыгъэм артист тIощIым щIигъу щоджэгу. Роль нэхъыщхьэхэр Толстовэ Марие, Сторожевэ Анастасие, Нэгъуей Заур сы­мэ ягъэзащIэ. Утыкури артистхэм я фэилъхьэгъуэхэри художник Дэцырхъуей Руза­-нэ къызыхуэтыншэу игъэхьэ­зыращ. 
Гъэмахуэ зыгъэпсэхуакIуэ кIуа театрхэм я артистхэр ­фокIадэм я лэжьыгъэм пэ­рыхьэжынущ. Театреплъхэм фIы­уэ ялъэгъуа спектаклхэри лэжьыгъэщIэхэри бжьыхьэм утыку кърахьэнущ. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.